Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 16:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 я ӀэхэмкӀи блэхэр къаубыдынущ; ажал къызыхэкӀын гуэр ефэкӀи, зыри къащыщӀынукъым; абыхэм я Ӏэхэр зытралъхьэ сымаджэхэр хъужынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 16:18
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Мис, блэхэми акърэбхэми фатеувэнуи, бийм и къару псоми фытекӀуэнуи тепщэныгъэ фэстащ; зым и зэрани къывэкӀынукъым.


Паул и щӀыфэм еӀуса напэӀэлъэщӀхэри щыгъын щӀыӀутелъхэри сымаджэхэм тралъхьэрт. ЩытралъхьэкӀэ, ахэр хъужырт, ахэр зыӀыгъ жин бзаджэхэри яхэкӀыжырт.


Аращи, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэ и цӀэкӀэ сымаджэхэр бгъэхъужыну, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къэбгъэлъэгъуэну икӀи Ӏуэху телъыджэхэр блэжьыну уи Ӏэр къытхуэший!


Мы лӀы флъагъум икӀи фцӀыхум Хьисэ и цӀэм дзыхь зэрыхуищӀам щхьэкӀэ къару иӀэ хъужащ. Хьисэ и цӀэмрэ абы и деж къикӀ фӀэщхъуныгъэмрэщ мы лӀыр фэ псоми фи пащхьэм щызыгъэхъужар.


– Еней, – жриӀащ Петр, – Хьисэ Мэссихь уегъэхъуж. Къэтэджи, уи пӀэр Ӏухыж. Ар зэрыжиӀэу, Еней къэтэджащ.


Ар щилъагъум, Петр цӀыхухэм яжриӀащ: – Израил цӀыхухэ, сыт ар щӀэвгъэщӀагъуэр? Сыт апхуэдизу дэ фыкъыщӀыдэплъыр? Дэр-дэру къаруушхуэ диӀэу, е Тхьэр ину зэрыдгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, мы лӀым и лъэр къыщӀэдгъэувэжауэ фи гугъэ?


быдэу къелъэӀуащ ар: – Сипхъу цӀыкӀур малӀэри телъщ. Къэхъужын икӀи псэууэ къелын щхьэкӀэ, накӀуи, уи Ӏэхэр телъхьэ!


Щыпкъагъэ зиӀэм пальмэ жыгым хуэдэу зыкъызэӀуех, Ливаным къыщыкӀ ашэ хуэдэуи зыкъеӀэт.


Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм куэд дэмыкӀыу шейтӀаныр фи лъэгум щӀывигъэпытӀыхьынущ. Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀыр къыфщрехуэ. Ӏэмин.


нэгъуэщӀ цӀыхуми, а зы Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фӀэщхъуныгъэ иӀэну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми, а зы Псэ ЛъапӀэ дыдэм къыбгъэдэкӀыу, сымаджэхэр игъэхъужыну лъэкӀыныгъэхэр кърет;


фэри Израил лъэпкъми зэрыщыту мыр зэвгъащӀэ: Назарет щыщ Хьисэ Мэссихь и цӀэм и къарурщ мы цӀыхур зыгъэхъужар, абы и фӀыгъэкӀэщ ар фи пащхьэ зэритыр. Хьисэ фэ жорым ефӀулӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ.


Мы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмкӀэ апостолхэм ягъэхъужа лӀым и ныбжьыр илъэс плӀыщӀым щӀигъуат.


Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ