Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 16:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Ар зи фӀэщ хъууэ зезыгъэумэхъыр Тхьэм мыкӀуэду къригъэлынущ, ауэ зи фӀэщ мыхъур Тхьэм игъэкъуэншэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 16:16
36 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ, Къуэм емыдаӀуэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэнукъым, Тхьэм и губжьыр къытехуэнущ абы.


– Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ псоми зыдвгъэумэхъ, Тхьэм фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, – яжриӀащ Петр. – Тхьэм и тыгъэу езым и Псэ ЛъапӀэр фи гум кърилъхьэнущ итӀанэ.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэм едаӀуэу, сыкъэзыгъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ. Тхьэм ар игъэкъуэншэнукъым, ар лӀэныгъэм ӀэщӀэкӀыжри, гъащӀэм ӀэщӀыхьащ.


«Фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ», нывжесӀащ. Пэжщ, сэ сызыщыщыр ныщывжесӀэкӀэ, ар фэ фи фӀэщ мыхъумэ, фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ.


– Тхьэм къигъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуныращ Тхьэр зыхуей Ӏуэхур, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, – жэуап итыжащ Хьисэ, – псымрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къахэкӀыу, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн лъэкӀынукъым цӀыхум.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми и гуэныхьхэр Хьисэ и цӀэкӀэ къызэрыхуэгъунумкӀэ бегъымбар псори Хьисэ щыхьэт тохъуэ.


Мы Ӏуэхухэр щӀэттхар Хьисэ Мэссихь Тхьэм и Къуэу зэрыщытымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун папщӀэщ, Хьисэ и цӀэкӀэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ а фӀэщхъуныгъэмкӀэ.


МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэхэр ирамыгъуэта цӀыхухэр мафӀэм ис хым хадзащ.


– ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэр сэращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Си деж къакӀуэр мэжэлӀэжынукъым, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым.


Апхуэдэу, Хьисэ Мэссихь лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам щхьэкӀэ, зевгъэумэхъыурэ фымыкӀуэду Тхьэм иджы фыкърегъэл. Зевгъэумэхъын жыхуэсӀэр фипкъхэм фӀеигъэр ятевгъэкъэбзыкӀыныр аракъым, атӀэ мыхъумыщӀэ лъэпкъ фигукӀэ зыдэвмыщӀэжу Тхьэм фыхуэпэжыну псалъэ ефтыныр аращ.


– Махуэр къэсащ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащ; фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, хъыбарыфӀыр фи фӀэщ фщӀы, – жиӀэрт абы.


Иджы сыт зыщӀэбгъэгувэр? Къэтэдж, зызгъэумэхъ, Зиусхьэным елъэӀуи, гуэныхьу пщӀахэр абы уи гум ирырегъэкъэбзыкӀыж».


ИпэжыпӀэкӀэ, Къуэ лъапӀэр зылъагъуу, ар зи фӀэщ хъуа дэтхэнэми мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ зэрыхъунырщ си Адэр зыхуейр; а цӀыхур сэ къемэтмахуэм къэзгъэтэджыжынущ.


ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ ищӀащ Мэссихь. Тхьэращ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжар, щӀыхьышхуэри къезытар. Абы и фӀыгъэкӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ икӀи Тхьэм фыщогугъ.


Петр и псалъэхэм еувэлӀахэм зрагъэумэхъащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм минищ хуэдиз хэхъуащ а махуэм.


ЦӀыхухэм ящыщ зы гупыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ шейтӀаныр къакӀуэм, абыхэм фӀэщхъуныгъэ яримыгъэгъуэтурэ, а псалъэхэр я гум ирехыж, Тхьэм ахэр къримыгъэлын щхьэкӀэ.


Аращи, фыкӀуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ. Адэ лъапӀэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми я цӀэкӀэ фыумэхъи,


Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми гуэныхьу телъ псори щхьэщихынущ, ауэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм гуэныхьхэр фщхьэщихын лъэкӀынукъым.


дэри къыттеухуащ. Тхьэм дэри щыпкъагъэ диӀэу дилъытэнущ – дэри, Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэныр лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэнущ.


Апхуэдэу щыпкъагъэр зи фӀэщ мыхъу цӀыхуу бзаджагъэр зигу ирихь псори Тхьэм игъэкъуэншэнущ.


Тхьэр зымыщӀэ цӀыхуу, ди Зиусхьэну Хьисэ теухуа хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, мафӀэшхуэу зэщӀэплъар къыздихьынурэ, Зиусхьэн Хьисэ дунейм къэкӀуэжынущ.


Апхуэдэу щыхъум, Паулрэ Варнавэрэ тегушхуауэ жаӀащ: – Тхьэм и псалъэхэр фэ нывжетӀэн хуеящ япэщӀыкӀэ. Ауэ фэ Тхьэм и псалъэхэм пэӀэщӀэ зывощӀэри, мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъуну зыхуэвгъэфащэркъым. Мис, абы къыхэкӀкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм захудогъазэ;


Хьэуэ, ар хъуххэнукъым. Тхьэр захуэщ. Тхьэр мызахуэмэ, дунейм и цӀыхухэм дауэ хьэкум ятрищӀыхьыфыну?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ