47 Магдалэ жылэм щыщ Мэриемрэ Иосий и анэ Мэриемрэ Исуф хьэдэр зыщӀилъхьар ялъэгъуащ.
Абдеж, жыжьэу къаплъэу, цӀыхубзхэри щытт. Абыхэм яхэтт мыхэр: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Мэрием зи цӀэ нэгъуэщӀ зыи. Ар Екъуб нэхъыщӀэмрэ абы и къуэш Иосийрэ я анэт.
Щэбэтыр блэкӀауэ, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Екъуб и анэ Мэрием сымэ мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэхэр къащэхуащ, кхъэлэгъунэм кӀуэуэ, Хьисэ и хьэдэм щахуэн щхьэкӀэ.
Хьисэ и гъусэу Галилейм къикӀыгъа цӀыхубзхэм, Исуф щӀыгуу кӀуэри, кхъэлэгъунэри хьэдэр абы зэрыщӀилъхьэжари ялъэгъуащ.
Щэбэтыр блэкӀауэ, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм, нэху щыщым, Магдалэ щыщ Мэриемрэ адрей Мэриемрэ кхъэлэгъунэм еплъыну кӀуащ.
Магдалэ жылэм щыщ Мэриемрэ адрей Мэриемрэ кхъэлэгъунэм хуэзанщӀэу щыст.
Абыхэм яхэтт: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Зеведей и къуэхэм я анэ, нэгъуэщӀ Мэрием. Ар Екъубрэ Иосийрэ я анэт.
Исуф чэсей хужь джэбын къищэхущ, хьэдэр жорым къыкӀэрихщ, чэсей джэбыныр иришэкӀри, къыр мывэм къыхащӀыкӀа кхъэлэгъунэм щӀилъхьащ. Кхъэлэгъунэ щӀыхьэпӀэм мывэшхуэ ӀуигъэукӀуриежащ.