40 Абдеж, жыжьэу къаплъэу, цӀыхубзхэри щытт. Абыхэм яхэтт мыхэр: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Мэрием зи цӀэ нэгъуэщӀ зыи. Ар Екъуб нэхъыщӀэмрэ абы и къуэш Иосийрэ я анэт.
Хьисэ и ныбжьэгъу псори, езым и гъусэу Галилейм къикӀа цӀыхубзхэри абыхэм яхэту, жыжьэу къыщыту къэхъуам еплъырт.
Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм, жьыуэ, Хьисэ лӀахэм къащыхэтэджыкӀыжым, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием япэу зыкъригъэлъэгъуащ. А Мэриемырат Хьисэ жин бзаджибл зыхихужыгъар.
Щэбэтыр блэкӀауэ, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм, нэху щыщым, Магдалэ щыщ Мэриемрэ адрей Мэриемрэ кхъэлэгъунэм еплъыну кӀуащ.
Магдалэ жылэм щыщ Мэриемрэ адрей Мэриемрэ кхъэлэгъунэм хуэзанщӀэу щыст.
ПхъащӀэм и къуэр аракъэ мыр? Мыбы и анэкъэ МэриемкӀэ зэджэр? Екъуб, Иосий, Симон, Иудэ сымэ мы лӀым и къуэшкъэ?
Кифэ, адрей апостолхэм, Зиусхьэным и къуэшхэм хуэдэу дэри фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фыз гъусэ зыхуэтщӀыну дыхуиткъэ?
Магдалэ жылэм щыщ Мэриемрэ Иосий и анэ Мэриемрэ Исуф хьэдэр зыщӀилъхьар ялъэгъуащ.
Уи удынхэр къыстумыгъэхуэж, секӀуэдылӀащи сызэрыбгъэпшынэ Ӏэм.
Сэ сы-Екъубщ, Тхьэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ сахуолажьэ. Фэ, дунейм хэгуэшауэ щыпсэу унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым, фӀэхъус фызох.
Зиусхьэным и къуэш Екъуб нэмыщӀ, адрей апостолхэм ящыщ зыри слъэгъуакъым.
Филипп, Варфоломей, Фомэ, хьэкътын ахъшэр хэзыхыу щыта Маттэ, Алфей и къуэ Екъуб, Фаддей;
Щэбэтыр блэкӀауэ, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Екъуб и анэ Мэрием сымэ мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэхэр къащэхуащ, кхъэлэгъунэм кӀуэуэ, Хьисэ и хьэдэм щахуэн щхьэкӀэ.
Хьисэ и щыфэлӀыфэ зригъэлъагъуну хуеят ар, арщхьэкӀэ езыр лӀы лъахъшэ цӀыкӀути, цӀыху гупышхуэм яхэту зыри илъагъун лъэкӀакъым.