34 Сыхьэтыр щым Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ джащ: – Элой, элой, лама савахфани? (Абы къикӀыр, «Уэ си Тхьэ, уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?»)
Зиусхьэныр си Ӏэхъуэщ, сэ зыми сыхуэныкъуэнкъым.
Сыхьэтыр щым Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ джащ: – Или, или, ламэ савахфани? (Абы къикӀыр «Уэ си Тхьэ, уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?»)
Хьисэ дунейм щытета махуэхэм макъ хэӀэтыкӀакӀэ джэурэ, и нэпсыр къежэхыурэ, лӀэныгъэм къыӀэщӀэзыхыфыну Тхьэм и фӀэщу елъэӀуащ. ЗэредаӀуэм щхьэкӀэ абы и макъыр Тхьэм зэхихащ.
Уи цӀыху лъэпкъыр къегъэл мыкӀуэду, Ӏэхъуэ хуэхъу, хуэгумэщӀ игъащӀэкӀэ уи ӀыхьэфӀ хъу цӀыху лъэпкъым!
Пащтыхь псоми щхьэщэ къыхурыращӀ абы; хурелажьэ хамэ лъэпкъхэр.
Шэджагъуэнэужьым сыхьэтыр щым нэблэгъауэ, Тхьэм и мелыӀычыр абы къыбгъэдыхьэщ, «Корнелий!» жиӀэри и пащхьэ къихутащ.
– Си Адэ, си псэр уи ӀэмыщӀэ изолъхьэ, – макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ Хьисэ. А псалъэхэр жиӀэри, и псэр итащ.
Шэджагъуэ хъуащ икӀи сыхьэтыр щым нэсыху а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ,
Шэджагъуэм къыщыщӀэдзауэ сыхьэтыр щым нэсыху а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ.
Хьисэ жорым щраӀулӀар пщэдджыжьым сыхьэтыр бгъум дежт.
Ар щызэхахым, абдеж щытхэм жаӀащ: – ФедаӀуэт, Иляс бегъымбарым йоджэ ар.