26 Хьисэ жорым щӀраӀулӀар пхъэбгъу кӀапэ гуэрым мыпхуэдэу тратхащ: «Журтхэм я пащтыхь».
Жорым щӀраӀулӀар Хьисэ и щхьэкӀэ жорым пхъэбгъу кӀапэ гуэрым тетхауэ траӀулӀащ: «Мыр журтхэм я пащтыхь Хьисэ арщ».
– Дэнэ щыӀэ журтхэм къыхуалъхуа я пащтыхьыр? – жаӀащ абыхэм. – Абы и вагъуэр къуэкӀыпӀэмкӀэ щытлъагъури, ар дгъэлъэпӀэн щхьэкӀэ дыкъэкӀуащи.
– Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ.
«Си Ӏуащхьэ лъапӀэу Ционым тепщэныгъэр щиӀыгъыну си пащтыхьыр тезгъэуващ».
Щыгъупща Тхьэм гущӀэгъу къытхуищӀыну? Къытхуэгубжьауэ, и гущӀэгъу къытлъимыгъэӀэсыжыну ара?»
ХъунщӀакӀуитӀ, зыр ижьырабгъумкӀэ, адрейр и сэмэгурабгъумкӀэ, Хьисэ щӀыгъуу жорхэм щраӀулӀащ абдеж.
Мэссихьу Израилым и пащтыхьыр жорым къыфӀрекӀыж. Ар тлъагъумэ, фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъунущ. И гъусэу жорхэм ираӀулӀахэри къебгырт Хьисэ.