24 Хьисэ жорым ираӀулӀащ итӀанэ. Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зэхуагуэшыжащ зауэлӀхэм, щхьэж къылъысыр и Ӏыхьэу.
– Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм, – жиӀащ Хьисэ, – ялэжьыр зи щӀысыр къагурыӀуэркъым. Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зауэлӀхэм зэхуагуэшыжащ.
Жорым щраӀулӀым, ди гуэныхьхэр къытщхьэщихыурэ, абыхэм яхуэфащэ гугъуехьыр езым и пкъым трилъхьащ, гуэныхь щӀэным дыкъыбгъэдишыжу, щыпкъагъэм дыхуэпсэун щхьэкӀэ. Абы и уӀэгъэхэмкӀэ фигъэхъужащ.
Ди къуаншагъэм хуэфащэ гугъуехьыр езым зэрызытрилъхьамкӀэ, Торэт хабзэм дызэригъэкъуэнша Ӏуэхур дэ тщхьэщихыжри, ди щхьэхэр къищэхужащ Мэссихь, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Пкъом кӀэралӀыхь дэтхэнэми Тхьэм и ней къыщохуэ».
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.
– Ди адэжьхэм я Тхьэм Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Ар фэ пкъом ефӀулӀри вгъэлӀащ.
Тхьэм зэриухам тету икӀи а Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ ищӀэу зэрыщытам тету, Хьисэ къыфӀэщӀыхьащ. ЦӀыху бзаджэхэм ар жорым иревгъэӀулӀри евгъэукӀащ.