Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 15:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 Кириние къалэм щыщу, Симон и цӀэу лӀы гуэр щыӀащ. Ар Александррэ Руфрэ я адэт. Ар губгъуэм къикӀыжу блэкӀ пэтрэ, хуэзэхэри, Хьисэ и жорыр ихьыну хагъэзыхьащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 15:21
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ жорым ираӀулӀыну преторием щрашым, Кириние къалэм щыщ лӀы гуэр, Симон и цӀэу, губгъуэм къикӀыжу хуэзащ. Ар къаубыдщ, жорыр и дамэм тралъхьэри, Хьисэ и ужь иту жорыр ихьыну хагъэзыхьащ.


Къалэм къыщыдэкӀым, Симон и цӀэу Кириние къалэм щыщ лӀы гуэрым хуэзащ. Щыхуэзэм, Хьисэ и жорыр ихьыну Симон хагъэзыхьащ.


Зиусхьэным къыхиха Руфэрэ абы и анэу си анэм хуэдэу хъуамрэ фӀэхъус схуефхыж.


Бегъымбархэри дин егъэджакӀуэхэри Антиохие щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм яхэтт: Варнавэ, «ФӀыцӀэкӀэ» зэджэ Симон, Кириние къалэм щыщ Луций, Манаил (ар Ирод пщым и гъусэу япӀарщ), Щаул сымэ.


Кипр хытӀыгум щыщ лӀы гупми, Кириние къалэм щыщ нэгъуэщӀ лӀыхэми, Антиохие къалэм* кӀуа нэужь, Зиусхьэн Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр алыджхэми хуаӀуэтащ.


Щхьэхуитыныгъэ зиӀэ хъуауэ жыхуаӀэ лӀыхэм я синэгуэгум щыщхэм (ахэр Кириние, Александрие къалэхэм, Киликие, Асие хэкухэм щыщт) Стефан еныкъуэкъуу щӀадзащ.


Фригиерэ Памфилиерэ исхэми, Мысырым исхэми, Ливие къэралым щыщ Кириние къалэм пэгъунэгъу лъэныкъуэм исхэми, Рим къалэшхуэм къикӀахэми,


Ар хэтуи щрет, и жорыр зыхьу сэ си ужь къимыувэм си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъун лъэкӀынукъым.


ЩыдыхьэшхынкӀэ ирикъуа нэужь, абэ плъыжь-фӀыцӀафэр Хьисэ къыщахыжри, езым и щыгъынхэр щатӀэгъэжащ. Жорым ираӀулӀын щхьэкӀэ преторием къыщӀашыжащ итӀанэ.


Хьисэ, и жорыр ихьурэ, къалэм дэкӀри, «Щхьэ къупщхьэ» жыхуаӀэ щӀыпӀэм кӀуащ. А щӀыпӀэм журтыбзэкӀэ Голгофэщ зэреджэр.


Лъэбакъуэ минкӀэ удэкӀуэтэну ухэзыгъэзыхьым лъэбакъуэ минитӀкӀэ дэкӀуатэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ