20 ЩыдыхьэшхынкӀэ ирикъуа нэужь, абэ плъыжь-фӀыцӀафэр Хьисэ къыщахыжри, езым и щыгъынхэр щатӀэгъэжащ. Жорым ираӀулӀын щхьэкӀэ преторием къыщӀашыжащ итӀанэ.
Апхуэдэу щыхъум, Пилат Хьисэ жорым ираӀулӀыну яӀэщӀилъхьащ. Хьисэ здашэри ӀукӀыжащ итӀанэ.
Ахэр Хьисэ щыдыхьэшха нэужь, абэ кӀыхьыр къыщахыжри, езым и щыгъынхэр щатӀэгъэжащ. Жорым ираӀулӀыну преторием къыщӀашыжащ итӀанэ.
И щхьэм башкӀэ еуэу, еубжьытхыу, ягъэлъапӀэ хуэдэу защӀурэ, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэу щӀадзащ.
Кириние къалэм щыщу, Симон и цӀэу лӀы гуэр щыӀащ. Ар Александррэ Руфрэ я адэт. Ар губгъуэм къикӀыжу блэкӀ пэтрэ, хуэзэхэри, Хьисэ и жорыр ихьыну хагъэзыхьащ.