Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 15:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 И щхьэм башкӀэ еуэу, еубжьытхыу, ягъэлъапӀэ хуэдэу защӀурэ, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэу щӀадзащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 15:19
32 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Языныкъуэхэм Хьисэ еубжьытхыу щӀадзащ. И нэр щапхэри, ӀэштӀымкӀэ еуащ. – Убегъымбармэ, къоуар хэтми къыджеӀэт! – жраӀащ. ХъумакӀуэхэри Хьисэ енэпэфауэрт.


КъращӀа емыкӀум ди Ӏыхьэ хэлъын щхьэкӀэ, Хьисэ деж къалэ щӀыбым дывгъакӀуэ.


Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ и цӀэм щӀыхь хуащӀурэ къэхъугъэ псори лъэгуажьэмыщхьэу тӀысын щхьэкӀэщ, уафэми, щӀылъэми, щӀы щӀагъми щыӀэхэр аращ,


Тхьэм Иляс сыт къыжриӀэжар? «Тхьэ нэпцӀ Ваал и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу щымытӀысауэ цӀыху минибл къызыхуэзгъэнащ».


ЗауэлӀхэми, Хьисэ щыдыхьэшхыурэ къыбгъэдыхьэри, серчэ къыхуашийурэ,


Иродрэ и зауэлӀхэмрэ Хьисэ ягъэпудырт икӀи къыщыдыхьэшхырт. ИтӀанэ Ирод и зауэлӀхэм Хьисэ пащтыхьым хуэдэу щыгъын хужькӀэ иригъэхуапэри, Пилат деж иригъэшэжащ.


Хьисэ зыхъумэхэр къыщыдыхьэшхырт икӀи къаубэрэжьырт.


Ахэр абы къыщыдыхьэшхынущ, къеубжьытхынущ, щӀопщкӀэ къеуэнущ икӀи яукӀынущ. ЯукӀа нэужь, махуищ дэкӀауэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.


– Пэжщ, Иляс бегъымбарыр япэщӀыкӀэ къэкӀуэнурэ, Ӏуэху псори захуагъам тету зэтригъэувэжын хуейщ, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын икӀи ар цӀыхухэм зыхахун хуейщ.


Абыхэм жаӀащ: – Узыншэщ уи унэӀутыр, ди адэр; иджыри псэущ. Абдежми загъэщхъри, абыхэм щхьэщэ ящӀащ.


Ибрэхьим и унэӀутым абыхэм я псалъэхэр щизэхихым, щӀыгум нэсу щхьэщэ хуищӀащ Зиусхьэным.


Еубжьытххэрт, баш къащтэурэ и щхьэм еуэрт.


Щхьэщэ хуащӀу щӀадзэри, жаӀащ: «Упсэу, журтхэм я пащтыхь!»


ЩыдыхьэшхынкӀэ ирикъуа нэужь, абэ плъыжь-фӀыцӀафэр Хьисэ къыщахыжри, езым и щыгъынхэр щатӀэгъэжащ. Жорым ираӀулӀын щхьэкӀэ преторием къыщӀашыжащ итӀанэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ