17 Абэ плъыжь-фӀыцӀафэ кӀыхь щатӀагъэщ, пыжь банэм къыхэщӀыкӀауэ пащтыхь таж хуащӀри, Хьисэ щхьэратӀэгъащ.
Иродрэ и зауэлӀхэмрэ Хьисэ ягъэпудырт икӀи къыщыдыхьэшхырт. ИтӀанэ Ирод и зауэлӀхэм Хьисэ пащтыхьым хуэдэу щыгъын хужькӀэ иригъэхуапэри, Пилат деж иригъэшэжащ.
ЗауэлӀхэм Хьисэ преториекӀэ зэджэ унэшхуэм щӀашащ, адрей зауэлӀ гупышхуэри абы щызэхуашэсащ.
Щхьэщэ хуащӀу щӀадзэри, жаӀащ: «Упсэу, журтхэм я пащтыхь!»