10 Пилат апхуэдэу щӀеупщӀар дин пашэшхуэхэм Хьисэ ефыгъуэу абы къызэрыӀэщӀалъхьар ищӀэрти, аращ.
ЗэхэщӀыкӀ димыӀэу, Тхьэм демыдаӀуэу дыпсэууэ щытащ дэри. Дыгъуэщауэ щытащ, ди гур зыщӀэхъуэпса Ӏуэху мыхъумыщӀэ куэдымрэ дызыгъатхъа Ӏуэху мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмрэ драпщылӀащ. Бзаджагъэрэ фыгъуэныгъэкӀэ дыпсэууэ, гущыкӀыгъуэу, дызэрылъагъу мыхъуу щытащ.
Пилат апхуэдэу щӀеупщӀар Хьисэ ефыгъуэу абы къызэрыӀэщӀалъхьар ищӀэрти, аращ.
ШейтӀаным и бынхэм ящыщу Каин зи цӀэу зи къуэш зыукӀыжам хуэдэ фымыхъу. Сыт абы и къуэшыр щӀиукӀыжар? Езым илэжьа Ӏуэхугъуэхэр бзаджагъэу, и къуэшым илэжьахэр захуагъэу щытти, аращ.
Е Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтыр пщӀэншэу фи гугъэ: «Дэ тхэт псэр хуабжьу мэфыгъуэ»?
Ауэ журтхэм цӀыхубэр щалъагъум, фыгъуэныр я гум къихьэри, хущӀэджэурэ, Паул жиӀар ямыдэу къэуващ.
И къуэшхэр къыхузэгуэпырт абы; ауэ Исуф и адэм игу ириубыдащ абы и псалъэр.
Журтхэм я пащтыхьыр щхьэхуиту къыфхуэзутӀыпщыжыну фыхуей? – еупщӀащ абыхэм Пилат.
Пилат Вараввэ кърагъэутӀыпщыжын щхьэкӀэ, дин пашэшхуэхэм цӀыхухэр къызэщӀагъэплъащ.