71 – Тхьэр согъэпцӀ, жысӀэр мыпэжмэ, а фэ жыхуэфӀэ лӀыр сэ сцӀыхуркъым, – жиӀэри, тхьэ иӀуэу щӀидзащ Петр.
Апхуэдэу щытми, лъэ быдэкӀэ щыт зи гугъэ цӀыхур зэрымыджэлэным хуресакъ.
– Хьэуэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жиӀащ Петр аргуэру. ТӀэкӀу дэкӀа нэужь, абдежым щытхэм Петр къыжраӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, уэ абыхэм уащыщщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Галилей хэкум ущыщкъэ? Абыхэм я псэлъэкӀэу уопсалъэ.
Абы ирихьэлӀэу адакъэ етӀуанэу Ӏуащ. Хьисэ къыжриӀауэ щыта псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ абдежым: «Адакъэ тӀэу мыӀуэ щӀыкӀэ, сэ сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ». Ар игу къыщыкӀыжым, Петр къэгъащ.