68 – Хьэуэ, уэ жыхуэпӀэр сэ сщӀэркъым икӀи къызгурыӀуэркъым, – жиӀащ Петр. Ар пщӀантӀэм дэкӀри, куэбжэпэм къыщувыӀащ итӀанэ. Адакъэ Ӏуащ.
Абы ирихьэлӀэу адакъэ етӀуанэу Ӏуащ. Хьисэ къыжриӀауэ щыта псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ абдежым: «Адакъэ тӀэу мыӀуэ щӀыкӀэ, сэ сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ». Ар игу къыщыкӀыжым, Петр къэгъащ.
Петр Хьисэ и ужь жыжьэу иту, дин пашэшхуэм и пщӀантӀэм нэс кӀэлъыкӀуащ. МафӀэм зригъэууэ, Петр хъумакӀуэхэм яхэст.
Петр абдежым щыту щилъагъум, абдеж щызэхэтхэм аргуэру яжриӀащ унэӀут хъыджэбзым: – Мыр абыхэм ящыщщ.
– Хьэуэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жиӀащ Петр аргуэру. ТӀэкӀу дэкӀа нэужь, абдежым щытхэм Петр къыжраӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, уэ абыхэм уащыщщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Галилей хэкум ущыщкъэ? Абыхэм я псэлъэкӀэу уопсалъэ.