61 Хьисэ, зиущэхуауэ, зыри жиӀэртэкъым. – Уэра Мэссихьу щӀыхьышхуэ зиӀэ Тхьэм и Къуэр? – аргуэру еупщӀащ дин пашэшхуэр Хьисэ.
– Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ.
Дэ хабзэ диӀэщ, – къыжраӀащ журтхэм. – А ди хабзэм тету лӀэн хуейщ ар, Тхьэм и Къуэу зэрызигъэӀуам щхьэкӀэ.
КъыхуэхъущӀэу щытахэми яхуэхъущӀэжакъым ар. Гугъуехь езыгъэшэчу щытахэми, «Сэ ар фэзгъэпшыныжынущ», жиӀэу пэувакъым, ауэ а Ӏуэхур Тхьэуэ цӀыхухэм хьэкумыр захуагъэкӀэ ятезыщӀыхьым ирихьэлӀащ.
Аращи, сэ, Адэ лъапӀэм къигъэувауэ, мы дунейм къигъэкӀуам, «Сэ Тхьэм сри-Къуэщ» зэрыжысӀам щхьэкӀэ, дауэ «Уэ Тхьэр уогъэпцӀ» къызжефӀэн флъэкӀрэ?
Апхуэдэу зэрыхъуар сэ слъэгъуащ, ар Тхьэм зэри-Къуэми щыхьэт сытохъуэ сэ.
– Уэращ Мэссихьу гъащӀэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэр, – жиӀащ Симон Петр.
– Тхьэм и Къуэ, сыт уи Ӏуэхуу къытхэлъыр? ПӀалъэр къэмыс щӀыкӀэ, гугъу дебгъэхьыну укъэкӀуа? – жаӀэурэ къэгуоуащ ахэр.
Уафэм макъ къиӀукӀащ итӀанэ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр.
Си Тхьэ, сыгуфӀэурэ согъэзащӀэ Уэ пфӀэигъуэр, Уи хабзэр сигу илъщ.
Зиусхьэным иухэсар жысӀэнщ: Абы сэ къызжиӀащ: «Уэращ си Къуэр, Адэ сыпхуэхъуащ нобэ.
Игъуэр къыщыскӀэ, Тхьэм а махуэр къигъэлъэгъуэнущ, – щӀыхьышхуэрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ зиӀэ Тхьэ закъуэр пащтыхьхэм я Пащтыхьыжщ, зиусхьэнхэм я Зиусхьэныжщ.
Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщу Ӏэтащхьэр зэджар мы псалъэхэращ: «Мэлым хуэдэу фӀагъэжыну яшащ. Зыщым и пащхьэм щынэр щэху хъуауэ зэритым хуэдэу, абыи и жьэр зэтрихакъым.
Преторием щӀыхьэжри, Хьисэ жриӀащ: – Уэ дэнэ ущыщ? Хьисэ жэуап иритыжакъым.
– АтӀэ упащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэу, сэ сыпащтыхьщ, – жиӀащ Хьисэ. – Пэжщ, сэ сыкъыщӀэхъуари мы дунейм сыкъыщӀытехьари щыпкъагъэм щыхьэт сытехъуэн щхьэкӀэщ. Щыпкъагъэм и ужь ит дэтхэнэри си макъым къедэӀуэнущ.
Хьисэ къаувыхьри, журтхэр къеупщӀащ: – ӀупщӀу къыджумыӀэу, зыкъыдумыгъащӀэу куэдрэ дыпэбгъэплъэну? Мэссихьыр уэрамэ, занщӀэу къыджеӀэ.
Дин пашэшхуэр къэтэджри, утыкум къиуващ. – Мы лӀыхэм уэ къыптралъхьэр сыт? – еупщӀащ ар Хьисэ. – Сыт зыри щӀыжумыӀэр?