6 И ужь фикӀ! – жиӀащ Хьисэ. – Сыт ар щӀэвгъэукӀытэр? Сэр щхьэкӀэ псапэ ищӀащ абы.
Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ фызыхуэныкъуэр фи гум кърырелъхьэ. Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ фрегъэгъэзащӀэ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр аращ. Ӏэмин.
Ди гум фӀылъагъуныгъэ илъыну, фӀы щӀэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэурэ дызэкӀэлъывгъэплъыж.
Ди цӀыхухэм фӀы щӀэным зрагъэсэн хуейщ, щыщӀагъэшхуэ зиӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ. ФӀагъ къызыпымыкӀ цӀыху иремыхъу.
Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.
Зыгуэрым и гур игъэкъэбзэжу, мы Ӏуэху бзаджэхэм пэӀэщӀэ зищӀмэ, хьэкъущыкъуфӀ дыдэм хуэдэ хъунущ. А цӀыхур, Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зрилъхьауэ, и фӀагъ Зиусхьэным иригъэкӀыурэ, фӀыщӀагъэ псоми хуэхьэзыр хъунущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы дызэрыщытым хуэдэу дызыщӀар Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщыну Тхьэм дыкъигъэщӀащ, Тхьэм къытхуигъэхьэзыра ӀуэхуфӀхэр длэжьын щхьэкӀэ.
Иоппие къалэм ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэр, Тавифэ и цӀэу, дэст. (Тавифэм къикӀыр «Мэз бжэнщ».) Абы фӀы куэд ищӀэрт, псапэ илэжь зэпытт.
Абы гу лъитэри, Хьисэ яжриӀащ: – ЦӀыхубзыр сыт щӀэвгъэукӀытэр? Сэр щхьэкӀэ псапэ ищӀащ абы.
А псалъэхэр пэжщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр фӀы щӀэным хэтын щхьэкӀэ, а Ӏуэхухэм уи нэӀэ ину тебгъэтыну сыхуейщ. А Ӏуэхухэр фӀыщ, я фӀагъ цӀыхухэм йокӀ.
ФӀы зэрыпщӀэмкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм сыт и лъэныкъэукӀи щапхъэ яхуэхъу. ГупцӀанэкӀэ, щыпкъагъэ пхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм ягурыгъаӀуэ.
Тхьэм хуэлажьэ цӀыхур дэтхэнэ ӀуэхуфӀми хуэхьэзыру икӀи хуэгъэпсауэ щытынущ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.
ФӀы щӀэным хэтыну, фӀы щӀэнымкӀэ бей хъуну, я мылъкум щымысхьу, яӀэм щыщкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ягуапэу етэну унафэ яхуэщӀ.
зи фӀыщӀагъэхэмкӀэ цӀыхухэр щыхьэт зыхуэхъу фызабэрщ: псалъэм щхьэкӀэ, бын зыпӀауэ, хьэщӀэхэр зыгъэлъэпӀауэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я лъакъуэхэр яхуэзытхьэщӀауэ, гузэвэгъуэ хэтхэм ядэӀэпыкъуауэ, фӀы щӀэным хэта фызабэрщ.
Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэм щытхъужыракъым Зиусхьэным ищтэр, атӀэ езы Зиусхьэныр зыщытхъуращ.
Тхьэм гъунэ имыӀэу и нэфӀ ину къыфщыхуэн лъэкӀынущ. Апхуэдэу сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи сыт ищӀыскӀи фэ фызыхуэныкъуэр дапщэщи фиӀэнущ, сыт хуэдэ Ӏуэху дэгъуэм щхьэкӀи вгуэшынум нэхърэ нэхъыбэ фиӀэнущ.
Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.
А дагъэр ящатэмэ, динар щищ нэхърэ нэхъыбэ къыщӀэкӀынут, тхьэмыщкӀэхэми хуагуэш хъунут. Апхуэдэу жаӀэурэ, а цӀыхубзым щыхьащ.
ТхьэмыщкӀэхэр дапщэщи къыфхэтынущ, фыщыхуейм деж фӀы яхуэфщӀэфынущ, ауэ сэ игъащэкӀэ сыфхэтынукъым.