54 Петр Хьисэ и ужь жыжьэу иту, дин пашэшхуэм и пщӀантӀэм нэс кӀэлъыкӀуащ. МафӀэм зригъэууэ, Петр хъумакӀуэхэм яхэст.
Абдежым щӀыӀэти, унэӀутхэмрэ адрей лӀыхэмрэ фӀамыщӀ мафӀэ ящӀауэ загъэхуабэрт. Петри зигъэхуабэу абыхэм яхэтт.
Дин пашэшхуэхэр,* торэт егъэджакӀуэ пашэхэр, цӀыхухэм я нэхъыжьхэр абы щыгъуэ къыщызэхуэсащ Кайафэ дин пашэшхуэм и унэшхуэм.
Симон Петр зигъэхуабэу мафӀэм бгъэдэтащ апщӀондэху. – Уэри а лӀым и гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщкъэ? – къеупщӀащ адрейхэр. – Хьэуэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жиӀащ Петр, зибзыщӀыри.
Хьисэ гузэвэгъуэм зэщӀиубыдауэ, нэхъ хуабжьу Тхьэм елъэӀуащ. Абы и пщӀэнтӀэпсхэр лъы ткӀуэпсхэм хуэдэу щӀым теткӀуэрт.
Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу. Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфӀэкӀыркъым.
Петр Хьисэ и ужь жыжьэу иту, дин пашэшхуэм и пщӀантӀэм нэс, кӀэлъыкӀуащ. ПщӀантӀэм дыхьэри, хъумакӀуэхэм яхэтӀысхьащ ар итӀанэ, Хьисэ и Ӏуэху зэрыхъунум еплъыну.
Петр ищхъэрэ пщӀантӀэм дэту, дин пашэшхуэм и унэӀут хъыджэбзхэм ящыщ къэкӀуащ.
Хьисэ яубыдщ, Ӏуашри, дин пашэшхуэм и унэм щӀашащ. Петр жыжьэу якӀэлъыкӀуэтащ.