Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 14:41 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

41 Ещанэу къыщигъэзэжым, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Зывгъэпсэхуу фыжейрэ иджыри? Ирикъунщ фызэрыжеяр. ПӀалъэр къэсащ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр гуэныхь зыщӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 14:41
23 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ИтӀанэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым зридзыхри, хъуну щытмэ, гугъуехьым и пӀалъэр блигъэкӀыну Тхьэм елъэӀуащ.


и гъуэгу ирикӀуэхэм Ӏуэхугъуэхэр яригъащӀэрти. Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ, абыхэм ар яукӀынущ, ауэ яукӀа нэужь, махуищ дэкӀауэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.


А псалъэхэм я ужькӀэ, Хьисэ уафэм дэплъейри, жиӀащ: – Си Адэ, пӀалъэр къэсащ. Уи Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу, уи Къуэми уэ уи щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ.


Фэ фи адэжьхэм кърамыхуэкӀа бегъымбар щыӀа? Щыпкъагъэ ЗиӀэр дунейм къызэрытехьэнур цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэри яукӀащ. Фэри тепщэныгъэ зиӀэхэм ар евгъэубыдри, евгъэукӀащ.


– Иджы согузавэ. Сыт къыжысӀэнур? Си Адэ, мы гугъуехьым сыхэхыж жысӀэн? Хьэуэ, мы гугъуехьыр сшэчын щхьэкӀэщ дунейм сыкъыщӀэкӀуар.


– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм щалъагъуну сыхьэтыр къэсащ, – яжриӀащ Хьисэ.


Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэр зыдалъхьэ пхъуантэхэм бгъэдэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэм, а псалъэхэр жиӀащ Хьисэ. Ар зыми иубыдакъым, щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми.


Ар щыжиӀэм, Хьисэ яубыдыну хуежьащ, ауэ ар щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми, и Ӏэр зыми хуэӀэтакъым.


Ахэр Ӏэнэм пэрысу здэшхэм, Хьисэ жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, сэ къыздэшхэхэм фщыщ гуэрым тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ Искариот зи цӀэр дин пашэшхуэхэм я деж кӀуащ, Хьисэ яригъэубыдын щхьэкӀэ.


Фи адэжьхэм къащӀэна хабзэхэр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэр лъэныкъуэ ивогъэз, – къыпищащ Хьисэ.


– ӀутӀыж махуэшхуэр къэсыным махуитӀ зэриӀэр фощӀэ. Жорым ираӀулӀын щхьэкӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.


Аргуэру къыщигъэзэжым, а цӀыхуищыр Ӏурихауэ кърихьэлӀэжащ, я нэхэр щӀилъэфауэ. Абыхэм Хьисэ къыжраӀэнур ящӀэртэкъым.


Фытэдж! ФынакӀуэ, абыхэм сезыгъэубыдынур къэблэгъащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ