26 Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ тхьэщӀыхь уэрэд жаӀа нэужь, унэм щӀэкӀри, Елеон Ӏуащхьэм кӀуащ.
Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ тхьэщӀыхь уэрэд жаӀа нэужь, унэм щӀэкӀри, Елеон Ӏуащхьэм кӀуащ итӀанэ.
Ерусалим дэкӀри, зэрихабзэу, Хьисэ Елеон Ӏуащхьэм дэкӀуащ. И гъуэгу ирикӀуэхэри щӀыгъут.
УэрэдыщӀэ къыжаӀащ: «Тхылъыр пщтэну, и мыхъурхэри тепчыну уэ пхуэфащэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм уфӀагъэжащ, уилъкӀэ унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми, лъэпкъ псоми ящыщ цӀыхухэм я щхьэхэр Тхьэм папщӀэ къэпщэхужащ.
Фэ фщыщ гуэрым гугъуехь ишэчмэ, Тхьэм ирелъэӀу. Зыгуэр гуфӀэмэ, тхьэщӀыхь уэрэдхэр къыжреӀэ.
Мэссихь и псалъэхэр фи гум сыт щыгъуи быдэу ивгъэлъ. АкъылыфӀагъэ псомкӀи зым адрейм ирырегъащӀэ икӀи гурырегъаӀуэ. Зиусхьэным фигухэмкӀэ фӀыщӀэ хуэфщӀу, уэрэдхэри, тхьэщӀыхь уэрэдхэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэри абы щхьэкӀэ жыфӀэ.
Абы щыгъуэ сыт сщӀэнур? Си псэкӀи си акъылкӀи Тхьэм селъэӀунущ. Си псэкӀи си акъылкӀи тхьэщӀыхь уэрэдхэр жысӀэнущ.
Паулрэ Силэрэ Тхьэм елъэӀуурэ, тхьэщӀыхь уэрэдхэр жаӀэу щӀадзащ жэщ ныкъуэм. Лъэхъуэщым щӀэс адрей цӀыхухэри къедаӀуэрт.
Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерусалим пэгъунэгъу хъуащ. Елеон Ӏуащхьэм и лъапэм тес Виффагие жылэм щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ япэ иригъэщаш,
Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыкӀуэнум нэсыху, санэ сефэжынукъым. А махуэм абы аргуэру сефэнущ.
Хьисэ а псалъэхэр жиӀа нэужь, дэкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу, Кедрон псым зэпрыкӀащ. Абдежым жыг хадэ итт. Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ а хадэм ихьащ.