25 Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыкӀуэнум нэсыху, санэ сефэжынукъым. А махуэм абы аргуэру сефэнущ.
Сэ нывжызоӀэ фэ, иджы къыщыщӀэдзауэ си Адэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыкӀуэнум нэсыху, санэ сефэжынукъым. А махуэм абы аргуэру сывдефэнущ.
«ФемыӀусэ Сэ къыхэсхахэм, евмыщӀэ бзаджагъэ си бегъымбархэм».
– Мы санэр сэ си лъыуэ Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр зыгъэщыпкъэр арщ, – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыху куэдым фӀы къахудэкӀуэн щхьэкӀэ, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ.
Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ тхьэщӀыхь уэрэд жаӀа нэужь, унэм щӀэкӀри, Елеон Ӏуащхьэм кӀуащ.