20 – Фэ цӀыху пщыкӀутӀым щыщу си гъусэу лагъэм щӀакхъуэ хэзыгъапщӀэращ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур, – яжриӀащ Хьисэ.
– Мы щӀакхъуэ бзыгъэр фалъэм хэзгъапщӀэу зэстынуращ жыхуэсӀэр, – жэуап итыжащ Хьисэ. ЩӀакхъуэ бзыгъэр фалъэм хигъапщӀэри, Симон Искариот и къуэ Иудэ хуишиящ.
Хьисэ жыхуиӀар Симон Искариот и къуэ Иудэр арщ. А Симон Искариотыр Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщ пэтми, Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну хэтт.
Хьисэ и псалъэр имыухауэ, абы и гъуэгу ирикӀуэ пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ зи цӀэр япэ иту цӀыху гуп къэкӀуащ. Ба хуищӀыну Иудэ Хьисэ къыбгъэдыхьащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иудэ Хьисэ зэраригъэубыдыну щӀыкӀэр и гъусэхэм яжриӀат: «Сэ ба зыхуэсщӀынуращ жыхуэсӀэр».
А дакъикъэ дыдэм, Хьисэ и псалъэр имыухауэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ, Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэтыр, къэкӀуащ. Джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ яӀыгъыу, цӀыху гупышхуэ щӀыгъут абы. Дин пашэшхуэхэрт, торэт егъэджакӀуэ пашэхэрт, нэхъыжьхэрт ахэр къэзыгъэкӀуар.
Хьисэ и псалъэр имыухауэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэу Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэтыр къэкӀуащ. Джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ яӀыгъыу, цӀыху гупышхуэ щӀыгъут абы. Дин пашэшхуэхэмрэ цӀыхухэм я нэхъыжьхэмрэщ ахэр къэзыгъэкӀуар.
– Си гъусэу мы лагъэм зи ӀэкӀэ щӀакхъуэр хэзыгъэпщӀарщ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур, – жэуап итыжащ Хьисэ.
Ахэр къэнэщхъеящ икӀи Хьисэ гъуэрыгъуэу къеупщӀу щӀадзащ: – Сэмырауэ пӀэрэ а жыхуэпӀэр?
– Пэжщ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм ехыжынущ, абы теухуауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ! А цӀыхур къамылъхуауэ щытамэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.