19 Ахэр къэнэщхъеящ икӀи Хьисэ гъуэрыгъуэу къеупщӀу щӀадзащ: – Сэмырауэ пӀэрэ а жыхуэпӀэр?
Ар къыщыжиӀэм, Хьисэ зи гугъу ищӀыр ящӀэртэкъыми, абы и гъуэгу ирикӀуэхэр зыр зым еплъыжащ.
Ахэр икъукӀэ къэнэщхъеящ икӀи Хьисэ гъуэрыгъуэурэ къеупщӀу щӀадзащ: – Зиусхьэн, сэрмырауэ пӀэрэ а жыхуэпӀэр?
Ахэр Ӏэнэм пэрысу здэшхэм, Хьисэ жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, сэ къыздэшхэхэм фщыщ гуэрым тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ.
– Фэ цӀыху пщыкӀутӀым щыщу си гъусэу лагъэм щӀакхъуэ хэзыгъапщӀэращ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур, – яжриӀащ Хьисэ.