17 Пщыхьэщхьэ щыхъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу кӀуащ.
ПӀалъэр къыщысым, апостол пщыкӀутӀыр и гъусэу, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьэри къалэм дыхьащ. Хьисэ зэражриӀам тету псори ирахьэлӀэри, ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр ягъэхьэзыращ.
Ахэр Ӏэнэм пэрысу здэшхэм, Хьисэ жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, сэ къыздэшхэхэм фщыщ гуэрым тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ.
– Ауэ фэ псоми фтеухуакъым сэ жысӀэр. Сэ къыхэсхар сощӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр, пэж хъун хуейщ: «Си щӀакхъуэр зышхам и лъэдакъэр къысхуигъэзэжри, бий къысхуэхъуащ».