11 Ар щызэхахым, ахэр къэгуфӀащ икӀи Иудэ ахъшэ къратыну къагъэгугъащ. Хьисэ абыхэм яригъэубыдын щхьэкӀэ игъуэ щыхъунум пэплъэу щӀидзащ Иудэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзаджагъэ псори къызыбгъэдэкӀыр ахъшэм щӀэбэгынырщ. ЦӀыху гуэрхэр, ахъшэм щӀэхъуэпсурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀри, гухэщӀ Ӏэджэ я щхьэм къыхуахьыжащ.
Ахэр гъуэгу мыгъуэ теуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Каин и гъуэгу техьащ, Билеам зи цӀэм зэрищӀам хуэдэу, абыхэми ахъшэ щхьэкӀэ бзаджагъэ ящӀэ, Корейм хуэдэу я ерыщыгъэкӀэ мэкӀуэдыж.
жиӀащ: – Хьисэ фэзгъэубыдмэ, сыт къызэфтын? Абыхэм дыжьын ахъшэ щэщӀ къратыну къагъэгугъащ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ ИскариоткӀэ зэджэр дин пашэшхуэхэм я деж кӀуэри,
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ Искариот зи цӀэр дин пашэшхуэхэм я деж кӀуащ, Хьисэ яригъэубыдын щхьэкӀэ.
ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэм ящыщу япэрей махуэм, ӀутӀыж щынэр щыфӀагъэжу щытам, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм къыжраӀащ: – ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр щыпшхын щхьэкӀэ, дэнэ щыпхуэдгъэхьэзырыну ухуей?
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу ИскариоткӀэ зэджэ Иудэм и гур шейтӀаным иубыдащ.