Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 13:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым, зы къэралри адрей къэралым езэуэну къызэщӀэтэджэнущ. ЩӀыр щӀыпӀэ-щӀыпӀэхэми хуабжьу щыхъеинущ, гъабли щыхъунущ. А Ӏуэхухэр гугъуехь куэдым я къежьапӀэщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 13:8
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

А Ӏуэху псори гугъуехь куэд шэчыным я къежьапӀэ къудейщ.


Къин махуэхэм сыт сыщӀэшынэнур, сыщӀэзыхуэхэм я бзаджагъэм сыкъыщаувыхькӀэ?


НэгъуэщӀ шы гуэр, шы пцӀэгъуэплъ гуэр, къэхутащ абдежым. Абы тесым дунейм мамырыгъэр трихыну икӀи цӀыхухэр зэригъэукӀыну Тхьэм хуитыныгъэ къритащ. МелыӀыч гуэрми джатэшхуэ ӀэщӀилъхьащ абы.


«Иджы гузэгъэгъуэ диӀэщ, шынагъуэ зыри щыӀэкъым», цӀыхухэм щыжаӀэкӀэ, гугъуехьышхуэ ямыщӀэххэу къатехъуэнущ, фыз лъэщыджэм лъхугъэр къызэрытелъадэм хуэдэу. Абы фӀэкӀыпӀэ иӀэнукъым.


Абыхэм ящыщу Агав зи цӀэр къэтэджри, дуней псом гъаблэшхуэ къызэрыщыхъунур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и гум кърилъхьэри къыжригъэӀащ. Клавдий кесарым и тепщэгъуэращ ар къыщыхъуар.


Гъунэгъууи жыжьэуи, зауэ хъыбар щызэхэфхкӀэ, фымышынэ. А Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ дунейм и кӀэухыр иджыри къэсауэ аркъым.


Ауэ фэ фызыхуэсакъыж. Тхьэмадэ хасэхэм фрашэлӀэнущ, синэгуэгухэми щӀопщкӀэ къыщывэуэнущ. Си гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ, Ӏэтащхьэхэмрэ пащтыхьхэмрэ я пащхьэм, хъыбарыфӀым щыхьэт фытехъуэн щхьэкӀэ фиувэнущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ