Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 13:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

34 Ар зыхуэдэр мыращ: ЛӀы гуэр жыжьэ кӀуэну, унэм щӀокӀ. Езым и Ӏуэху ищӀэну, и унэр унэӀутхэм яӀэщӀелъхьэ хэти, куэбжэм Ӏут хъумакӀуэми мыжейуэ сакъыну унафэ хуещӀ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 13:34
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ХъумакӀуэм мэлыхъуэм бжэр къыхуӀуех, мэлхэри мэлыхъуэм и макъым йодаӀуэ. Мэлыхъуэр и мэлхэм я цӀэкӀэ йоджэри, къыщӀеш.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным и цӀыхухэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀыр фэри влэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ къызэрыфлъысынур фощӀэри. Зиусхьэн Мэссихьщ фызыхуэлажьэр.


Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.


Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и ӀункӀыбзэхэр уэстынущ; щӀылъэм сыт уэ хуит щумыщӀыр уафэми хуит щыхъунукъым; щӀылъэм сыт уэ хуит щыпщӀыр уафэми хуит щыхъунущ.


Филаделфие къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: ЛъапӀэу икӀи пэжу щыту, Даут и ӀункӀыбзэр зыӀыгъым мы псалъэхэр жеӀэ. Абы зэӀуихыр зыми игъэбыдэфыркъым, игъэбыдари зыми зэӀуихыфыркъым.


Тепщэхэ, фэри Зиусхьэн уафэм зэрыщывиӀэр фщӀэуэ, фи унэӀутхэм фазэрыхущытын хуейм тету икӀи захуэу фахущыт.


Аращ хьэкътын ахъшэр абыхэм щӀефтыр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тепщэныгъэ зиӀэхэм а Ӏуэхур щагъэзащӀэкӀэ, Тхьэм хуолажьэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ