32 – А махуэр е а сыхьэтыр къыщысынур зыми ищӀэркъым. Уафэм щыӀэ мелыӀычхэми ящӀэркъым, Тхьэм и Къуэми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэм и закъуэщ ар зыщӀэр.
– Адэ лъапӀэм езым и тепщэныгъэкӀэ пӀалъэрэ лъэхъэнэу игъэувахэмрэ фэ фщӀэну фыхуиткъым, – яжриӀащ Хьисэ.
– Аращи, фымыжейуэ фысакъ, – къыщӀигъуащ Хьисэ, – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэри сыхьэтри фщӀэркъыми.
Аращи, Ӏуэхуу зэвгъэщӀари зэхэфхари фи гум къэвгъэкӀыж. Ахэр вгъэзащӀи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж. Фыжейурэ фымысакъмэ, дыгъуакӀуэр цӀыхухэм ямыщӀэххэу къызэрыкӀуэм хуэдэу сынэкӀуэнущ. Фи деж сыныщыкӀуэну сыхьэтри фщӀэнукъым.
– Жэщ ныкъуэм деж макъ гуэр къэӀуащ: «Мес, щауэр къокӀуэ, фыпежьэ!»
Зиусхьэныр къыщыкӀуэжыну махуэр уащхъуэдэмыщхъуэу дыгъуакӀуэм хуэдэу къэсынущ. А махуэм макъышхуэ ящӀу уафэхэр кӀуэдыжынущ, мы дунейр къызыхэщӀыкӀа псори мафӀэм исынурэ кӀуэдыжынущ. ЩӀылъэри абы тет псори мафӀэм исыжынущ.
– Зыкъом дэкӀауэ, а унэӀутхэм я тепщэр къэкӀуэжащ икӀи и унэӀутхэм ахъшэр къызэрагъэсэбэпамкӀэ еупщӀу щӀидзащ.
Мы тхылъым итыр Тхьэм Хьисэ Мэссихь къыхуигъэнэхуа Ӏуэхугъуэхэрщ. Тхьэм ахэр къыщӀигъэнэхуар Хьисэ Мэссихь Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм куэд мыщӀэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр яригъэщӀэн щхьэкӀэщ. Хьисэ и мелыӀычыр езым хуэлажьэ Иуан и деж игъакӀуэри, къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр гуригъэӀуащ.
Уафэмрэ щӀылъэмрэ кӀуэдыжынущ, ауэ си псалъэхэр кӀуэдыжынукъым.