Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 13:27 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

27 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр иригъэжьэнущ икӀи абыхэм дунейм и лъэныкъуиплӀыкӀи, зы уафэ гъунэм щыщӀэдзауэ адрей уафэ гъунэм нэсыху, езым къыхиха цӀыхухэр къыхашурэ, абы къыхузэхуашэсынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 13:27
27 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Бжьамиишхуэм и макъ жаныр къэӀунущ итӀанэ икӀи ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр иригъэжьэнущ икӀи абыхэм дуней лъэныкъуиплӀкӀи, зы уафэ гъунэм щыщӀэдзауэ адрей уафэ гъунэм нэсыху, езым къыхиха цӀыхухэр къыхашурэ, абы къыхузэхуашэсынущ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумрэ абы деж дызэрыщызэхуэсынумрэ ятеухуауэ, ди къуэшхэ, мыбыкӀэ дыныволъэӀу:


– ЛӀы тхьэмыщкӀэр дунейм ехыжащ, мелыӀычхэм ар Ибрэхьим бегъымбарым деж яхьащ. ЛӀы бейри дунейм ехыжри щӀалъхьэжащ.


Зиусхьэным а махуэхэр нэхъ мащӀэ имыщӀатэмэ, зы цӀыхуи мыкӀуэду къелынутэкъым. Езым къыхиха цӀыхухэм я хьэтыркӀэ Зиусхьэным а махуэхэр нэхъ мащӀэ ищӀащ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр игъэкӀуэнурэ, удз ежьужьыр гъавэм къызэрыхачым хуэдэу, цӀыхухэм гуэныхь езыгъащӀэ цӀыхухэри, бзаджагъэ зыщӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэри Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀагъэкъэбзыкӀынущ.


Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ипэкӀэ зэриухам тету, езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхихащ икӀи езым и Псэ ЛъапӀэм фи гур игъэкъабзэ зэпытщ, Хьисэ Мэссихь федэӀуэн, абы лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ къабзэ фыхъун щхьэкӀэ. Тхьэм и нэфӀ куэду къыфщыхуэ, гузэгъэгъуэ ину къыфлърес.


Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, шыӀэныгъэкӀэ гугъуехь псори сошэч. Апхуэдэу, Мэссихь Хьисэ я псэм зэрыщыщым папщӀэ ахэри мыкӀуэду къелынущ, мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэ яӀэ хъунущ.


Фэ, гукъабзагъэ зиӀэ Тхьэм къыхиха цӀыхухэм, абы фӀыуэ илъагъухэм, гущӀэгъунри, фӀыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ.


Хэт зыгъэкъуэншэн зылъэкӀынур Тхьэм къыхиха цӀыхухэр? Тхьэращ абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зылъытэр.


Хьисэ и псэр итыну щӀыщытар журт лъэпкъым щхьэкӀэ къудейтэкъым, атӀэ Тхьэм и быну хэгуэшахэр зы хъужыну икӀи зэхуишэсыжыну арат.


Мы мэл хъушэм щымыщу нэгъуэщӀ мэлхэри сиӀэщ. Ахэри си деж къэсшэн хуейщ, ахэри си макъым къедэӀуэнущ. Псори зы мэл хъушэрэ зы мэлыхъуэрэ хъунущ.


Тхьэм езым къыхиха, жэщи махуи хуабжьу къелъэӀу цӀыхухэм яхуэфащэр ялъигъэсынукъэ? Яхуэфащэр ялъигъэсыным пэплъэу куэдрэ щигъэтыну?


Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущ. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэр ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


А махуэхэр нэхъ мащӀэ мыхъуатэмэ, зы цӀыхуи мыкӀуэду къелынутэкъым. Езым къыхиха цӀыхухэм я хьэтыркӀэ Тхьэм а махуэхэр нэхъ мащӀэ ищӀынущ.


Апхуэдэущ зэрыхъунур мы дунейм и кӀэухым деж. МелыӀычхэр къехынурэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм цӀыху бзаджэхэр къыхашурэ,


Абы ещхьу ипщэ къэралым щыщ пащтыхь цӀыхубзыр, къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ, икӀи ахэр къигъэкъуэншэнущ. А пащтыхь цӀыхубзыр Сэлмэн пащтыхьым и акъылыфӀагъэм едэӀуэн щхьэкӀэ щӀылъэм и гъунэ дыдэм къикӀри, къэкӀуащи, ауэ сэ нывжызоӀэ, Сэлмэн пащтыхьым нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ.


БгъэдэкӀынукъым тепщэныгъэ башыр Иудэ икӀи пщы башыр абы и къуэхэм, тыгъэ къыхуащӀыурэ, цӀыху лъэпкъхэри абы и жыӀэм едэӀуэнущ.


– Ахъуо жыгым къыщыщӀымкӀэ зыгурывгъаӀуэ: абы и къудамэхэм псы къыщӀыхьэу, пщӀащэр къыпыкӀэ щыхъукӀэ, гъэмахуэр къызэрыблэгъар къывощӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ