Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 13:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр пшэхэм хэтрэ, лъэкӀыныгъэшхуэрэ щӀыхьышхуэрэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ абы щыгъуэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 13:26
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.


– Сэращ, – жиӀащ Хьисэ, – лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ къыщысрэ пшэхэм хэту къакӀуэу флъагъунущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и нэщэнэ уафэм къыщылъэгъуэнущ икӀи дунейм тет лъэпкъ псори гъыурэ я бгъэм еуэжынущ абы щыгъуэ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, пшэхэм хэтрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ щӀыхьышхуэрэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.


– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм щӀыхьышхуэ иӀэу, и мелыӀыч псори и гъусэу дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и тахътэм тетӀысхьэнущ.


Иджырей цӀыхуу Тхьэр зымыщӀэу гуэныхь зыщӀэхэм ящыщу сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. МелыӀыч лъапӀэхэр си гъусэу, си Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ, сытеукӀытыхьыжынущ абы.


Тхьэм и унафэр хъууэ, япэрей мелыӀычым и макърэ Тхьэм и бжьамиишхуэм и макърэ къэӀумэ, езы Зиусхьэныр уафэм къехыжынущ. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу лӀахэр япэ къэтэджыжынущ абы щыгъуэ.


– Фэ, Галилей хэкум щыщ цӀыхухэр, – жаӀащ а лӀитӀым, – мыбдежым фыщыту уафэм щхьэ фыдэплъейрэ? Тхьэм уафэм дришеижа Хьисэ уафэм дэкӀуеижауэ зэрыфлъэгъуам хуэдабзэу къехыжынущ.


– Гъуэгу махуэ утеуващ, уэ Инус и къуэ Симон, – жриӀащ Хьисэ абы. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыр зэхозыгъэщӀыкӀар цӀыхуракъым, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр арщ.


Пэжыр нывжызоӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и Тепщэныгъэшхуэр иӀэу къакӀуэу ялъагъуху, лӀэныгъэр зылъэмыӀэсын яхэтщ мыбдежым щыт цӀыхухэм.


– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къэкӀуауэ ялъагъуху, лӀэныгъэр зылъэмыӀэсын яхэтщ мыбдежым щыт цӀыхухэм.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр пшэм хэтрэ, лъэкӀыныгъэшхуэ, щӀыхьышхуэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ абы щыгъуэ.


Хьисэ Мэссихь лъэкӀыныгъэшхуэу иӀэмрэ дунейм къызэригъэзэжынумрэ я хъыбарыр къыщыфхуэтӀуатэм деж, ӀущыгъэкӀэ дэ къэдгупсысауэ таурыхъхэр нывжетӀэу аракъым, атӀэ езым и щӀыхьышхуэр дэ ди нэкӀэ тлъэгъуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ