20 Зиусхьэным а махуэхэр нэхъ мащӀэ имыщӀатэмэ, зы цӀыхуи мыкӀуэду къелынутэкъым. Езым къыхиха цӀыхухэм я хьэтыркӀэ Зиусхьэным а махуэхэр нэхъ мащӀэ ищӀащ.
А махуэхэр нэхъ мащӀэ мыхъуатэмэ, зы цӀыхуи мыкӀуэду къелынутэкъым. Езым къыхиха цӀыхухэм я хьэтыркӀэ Тхьэм а махуэхэр нэхъ мащӀэ ищӀынущ.
а махуэхэм дунейм гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъунущи. Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым щыӀакъым апхуэдэ гузэвэгъуэшхуэ, дяпэкӀи щыӀэнукъым.
А махуэхэм, «Мис, Мэссихь мыбы щыӀэщ», жиӀэу, е «Мэссихь модэ щыӀэщ», жиӀэу зыгуэрым къывжиӀэмэ, фи фӀэщ фымыщӀ.