19 а махуэхэм дунейм гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъунущи. Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым щыӀакъым апхуэдэ гузэвэгъуэшхуэ, дяпэкӀи щыӀэнукъым.
а махуэхэм гузэвэгъуэшхуэ къэхъунущи. Дунейр къыщыхъуам къыщыщӀэдзауэ иджыри къэсыху щыӀакъым дяпэкӀи щыӀэнукъым апхуэдэ гузэвэгъуэшхуэ.
– ЩӀэдзапӀэм деж Тхьэм дунейр щиухуэм, цӀыхухэр «цӀыхухъурэ цӀыхубзу къигъэщӀащ».
ФыщыщӀэпхъуэжынур щӀымахуэм темыхуэн щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу;
Зиусхьэным а махуэхэр нэхъ мащӀэ имыщӀатэмэ, зы цӀыхуи мыкӀуэду къелынутэкъым. Езым къыхиха цӀыхухэм я хьэтыркӀэ Зиусхьэным а махуэхэр нэхъ мащӀэ ищӀащ.
– Тхьэмадэ, ахэр уэ уощӀэ, – жысӀащ сэ. – Мыхэращ гузэвэгъуэшхуэм къыхэкӀар, – къызжиӀащ абы. – Я джанэ кӀыхьхэр Щынэм илъкӀэ ягъэкъэбзэжри, хужьыбзэу яжьыщӀыжащ.