5 НэгъуэщӀ унэӀут гуэр игъэкӀуащ аргуэру; ар къаукӀащ; нэгъуэщӀ унэӀут куэди игъэкӀуащ; языныыкъуэхэр яубэрэжьащ, языныкъуэхэр яукӀыпащ.
Фи Адэ лъапӀэм гущӀэгъу зэриӀэм хуэдэу, фэри гущӀэгъу зивгъыӀэ.
Сэ нывжызоӀэ, Иляс къэкӀуакӀэщ, Ӏейуэ иращӀэну зыхуеяр иращӀащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм абы теухуауэ зэрыхэтым хуэдэу.
– Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр сэ зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым.
Адрейхэм пащтыхьым и унэӀутхэр яубыдщ, лей кърахри къаукӀащ.
Фытхъэ, хуабжьу фыгуфӀэ, Тхьэм уафэм ӀыхьэфӀу къыщыфхуигъэфэщэнур инщи. Фэ фяпэкӀэ бегъымбархэми гугъуехь ирагъэшэчу щытащ апхуэдэу.
Апхуэдэу щыхъум, хадэр зейм нэгъуэщӀ унэӀут гуэр абыхэм я деж игъэкӀуащ. Абы и щхьэр мывэкӀэ къызэгуаудщ, лей кърахри кърахужьэжащ.
ФӀыуэ илъагъу и къуэ закъуэрт къэнэжар. «Си къуэм пщӀэ къыхуащӀынщ», жиӀэри, ари абыхэм я деж игъэкӀуащ иужь дыдэу.