43 И гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэри, яжриӀащ Хьисэ: – Пэжыр нывжызоӀэ, мы фызабэ тхьэмыщкӀэм и закъуэ адрей цӀыху псоми нэхърэ нэхъыбэ дилъхьащ пхъуантэм;
Гузэвэгъуэ хэтурэ, я щыпкъагъэр икъукӀэ гъэунэхуа щыхъум, тхьэмыщкӀэ дыдэу щытахэри, гуфӀэгъуэшхуэр яӀэу, я мылъкуми щымысхьу, къуэшхэм ядэӀэпыкъуащ.
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, щхьэж зэрылъэкӀкӀэ, Иудей хэкум ис къуэшхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун мурад ящӀащ абы щыгъуэ.
ЦӀыхур тэным хуэхьэзырмэ, итынур иӀэм елъытащ, имыӀэм елъытакъым Тхьэм а тыгъэр къабыл зэрищӀыр.
Хэтми, мы цӀыху цӀыкӀухэм ящыщу гуэр си гъуэгу зэрырикӀуэм щхьэкӀэ зы псы щӀыӀэ фалъэ нэхъ мыхъуми езыгъафэм, пэжыр нывжызоӀэ, и ӀыхьэфӀыр фӀэкӀуэдынукъым.
Фызабэ тхьэмыщкӀэ гуэр къакӀуэри, гъуаплъэ ахъшэ жьгъеитӀ дилъхьащ пхъуантэм. Ар зы хъурыщэ хуэдизт зэрыхъур.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыху псоми къелыжа ахъшэм щыщщ пхъуантэм далъхьар, фызабэм иӀэ псори дилъхьащ пхъуантэм – зэрыпсэуну иӀэ мащӀэ тӀэкӀур зэрыщыту.
Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэр зыдалъхьэ пхъуантэхэм бгъэдэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэм, а псалъэхэр жиӀащ Хьисэ. Ар зыми иубыдакъым, щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми.