29 – Абыхэм ящыщу нэхъ ин дыдэр мыращ: «ФыкъэдаӀуэ, израил цӀыхухэр, Зиусхьэну ди Тхьэращ зи закъуэу Зиусхьэныр;
– «Уэ уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи къару псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи Зиусхьэну уи Тхьэр фӀыуэ лъагъу икӀи уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», – жэуап къитыжащ адрейм.
Зы фӀэкӀа нэгъуэщӀ щымыӀэмэ, лӀыкӀуэ хуэныкъуэкъым, атӀэ Тхьэр закъуэщ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы Тхьэ закъуэм нэмыщӀ, щыӀэкъым. Сунэт ящӀахэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытынущ, сунэт ямыщӀахэми я фӀэщхъуныгъэмкӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэнущ.
Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу дэ дымыкӀуэду дыкъезыгъэла Тхьэ закъуэм щӀыхьышхуэр, лъэщыгъуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, тепщэныгъэшхуэр ейщ лъэхъэнэ псоми япэми, иджыри, игъащӀэкӀи. Ӏэмин.
Аращи, тхьэ нэпцӀхэм къурмэныпхъэ хуащӀам и лым теухуауэ мыр къыжызоӀэ: А тхьэ нэпцӀхэр дунейм зэрытемытри, зы Тхьэ закъуэм нэмыщӀ, нэгъуэщӀ тхьэ зэрыщымыӀэри дощӀэ.
Зы Тхьэм фӀэкӀ зэрыщымыӀэр уи фӀэщ мэхъу. Ар фӀыщ. Жин бзаджэхэми ар я фӀэщ мэхъу икӀи щошынэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр закъуэщ, Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ зэзыгъэкӀужыр закъуэщ, ар цӀыхуу Мэссихь Хьисэщ.
Мы унафэр щӀэтщӀыр мыращ: Гу къабзэу мыхъумыщӀагъэу зыри зыдэзымыщӀэжымрэ фӀэщхъуныгъэ щыпкъэмрэ къарыкӀ фӀылъагъуныгъэр диӀэ хъун щхьэкӀэщ.
Зыми щӀылъэм фи «адэкӀэ» фыщемыджэ, фэ адэу фиӀэ закъуэр уафэм щыӀэ фи Адэ лъапӀэрщи.
– Ар хэтуи щрет, сэ фӀыуэ сызэрилъагъум нэхърэ и адэр е и анэр нэхъыфӀу зылъагъур сэ къысхуэфащэкъым. Сэ сыкъы-зэрилъагъум нэхърэ и къуэр е и пхъур нэхъыфӀу зылъагъур, ар хэт щыщми, сэ къысхуэфащэкъым.