27 Абы къикӀыр Тхьэр псэухэмрэ лӀауэ жыхуаӀэхэмрэ я Тхьэуэ зэрыщытырщ. Аращи, фэ икъукӀэ фыщоуэ.
Мэссихьи лӀэщ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжри къэпсэужащ. КъыщӀэпсэужар псэухэмрэ лӀахэмрэ я Зиусхьэн хъуну аращ.
Тхьэм Ибрэхьим къыжриӀауэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Лъэпкъ куэдым адэ уахуэхъуну узгъэуващ». Тхьэм дежкӀэ Ибрэхьим дэ псоми ди адэщ. Тхьэращ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зыхуиӀар – Тхьэуэ лӀахэр къэзыгъэхъужым, и лъэкӀыныгъэкӀи щымыӀэ Ӏуэхухэр къэзыгъэхъум.
– Тхьэм и псалъэ тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэракъэ фыщӀыщыуэр? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Абы щхьэкӀэ а цӀыхухэм сахуэгубжьри, мыпхуэдэу жысӀащ: „Ахэр ягукӀэ зэпымыууэ мэгъуащэ, си гъуэгухэр зыхуэдэри ящӀэркъым“.
– Фыщоуэ, – жэуап яритащ Хьисэ абыхэм. – ФыщӀыщыуэр Тхьэм и псалъэу тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэр арщ.
«Сэращ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэр»? Тхьэр псэухэмрэ лӀауэ жыхуаӀэхэмрэ я Тхьэу зэрыщытырщ абы къикӀыр.
Абы къикӀыр Тхьэр псэухэмрэ лӀауэ жыхуаӀэхэмрэ я Тхьэу зэрыщытырщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы дежкӀэ псори псэууэ щытщи.