Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 12:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунур Мусэ бегъымбарым и тхылъым иту феджакъэ? Пыжь банэм и хъыбарыр здитым деж итщ Тхьэр Мусэ бегъымбарым къепсалъэу мыпхуэдэу къызэрыжриӀар: «Сэращ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэр».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 12:26
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунур Мусэ бегъымбарми нахуэу къигъэлъэгъуащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пыжь банэм и хъыбарыр Торэт хабзэм здитым деж итщ Мусэ бегъымбарыр Тхьэуэ Зиусхьэным «Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я ТхьэкӀэ» зэреджэр.


Абдежым къурмэнщӀыпӀэ щигъэуври, елъэӀуащ Зиусхьэну Израил и Тхьэм.


ИтӀанэ елъэӀуащ Екъуб: – Си адэ Ибрэхьими си адэ Исхьэкъи я Тхьэ, Зиусхьэну сэ: «Гъэзэж уи щӀыналъэм, уи Ӏыхьлыхэм деж, Сэ фӀыгъуэ пхуэсщӀэнущ уэ» жиӀэу къызжезыӀа!


Си адэм и Тхьэр, Ибрэхьим и Тхьэр икӀи Исхьэкъ и Шынагъуэр си мыгъусатэмэ, уэ иджы сыбутӀыпщыжынут ӀэнэщӀу. Тхьэм къилъэгъуащ си тхьэмыщкӀагъэри си Ӏэхэм ялэжьари, икӀи къысхуищӀащ хьэкум дыгъуасэ.


А жэщ дыдэм абы Зиусхьэныр къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ: – Сэращ уи адэ Ибрэхьим и Тхьэр; умышынэ, Сэ сыуигъусэщ; сэ си нэфӀ пщыхуэнурэ згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀыну бынхэр, Си ӀурыщӀэ Ибрэхьим и хьэтыркӀэ.


Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэм феджакъэ: «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ.


ИкӀи Зиусхьэныр абы ищхьэкӀэ тетщи, жеӀэ: – Зиусхьэныр, уи адэ Ибрэхьими Исхьэкъи я Тхьэр, Сэращ. Уэ узытелъ щӀыналъэр Сэ фэстынущ уэри къыптехъукӀыну бынхэми.


– ЛӀахэр къыщытэджыжкӀэ, фыз къашэжынукъым, лӀыи дэкӀуэжынукъым, атӀэ уафэм щыӀэ мелыӀычхэм ещхьу щытынущ.


– УкъызэмыӀусэ, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм деж иджыри сыдэкӀуеижакъым, си къуэшхэм я деж кӀуэи, яжеӀэ: «Сэ си Адэу, фэри фи Адэу, сэ си Тхьэу, фэри фи Тхьэм деж сыдэкӀуеижынущ».


Тхьэр езым къыхиха лъэпкъым хуэмеиж хъуакъым. Тхьэм и псалъэ тхахэм, Иляс бегъымбарым и хъыбар зэрытым деж, жиӀэр фщӀэркъэ? Иляс бегъымбарыр израил цӀыхухэм ятеухуауэ Тхьэм и пащхьэм мыпхуэдэу жиӀэурэ щытхьэусыхащ:


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ