Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 12:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 – Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. Хьисэ хуабжьу ягъэщӀэгъуащ абыхэм.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 12:17
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Аращи, цӀыху псоми яхуэфащэр ефтыж. ЦӀыхухэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ар ефтыж; хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ари ефтыж; гъэлъэпӀэныгъэрамэ, вгъэлъапӀэ; лъытэныгъэрамэ, лъытэныгъэ яхуэфщӀ.


ЦӀыху псоми щӀыхь яхуэфщӀ, къуэшхэри фӀыуэ флъагъу, Тхьэми фыщышынэ, пащтыхьми щӀыхь хуэфщӀ.


Фи Ӏэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэм гуэныхь ящӀэну бзаджагъэм и Ӏэщэхэм яхуэдэ фымыгъэхъу, лӀахэм къахэтэджыкӀыжа цӀыхухэм фахуэдэу Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Фэ фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэри щыпкъагъэм и Ӏэщэхэм яхуэдэу Тхьэм хуэвунэтӀ.


Аращи, Тхьэм гущӀэгъу къызэрытхуищӀам щхьэкӀэ, хуабжьу сыныволъэӀу: Тхьэм и гум ирихьу, къурмэныпхъэ псэууэ, къурмэныпхъэ лъапӀэм хуэдэу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Аращ гурэ псэкӀэ Тхьэр зэрывгъэлъэпӀэн хуейр.


Хьисэ зы псалъэ къыпидзыжын зыми лъэкӀакъым. Хьисэ нэгъуэщӀкӀэ еупщӀыжыну зыри тегушхуакъым а махуэм щыщӀэдзауэ.


Ар щызэхахым, абыхэм ягъэщӀэгъуащ икӀи Хьисэ къагъанэри, ежьэжащ.


уэ уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи, уи къару псомкӀи Зиусхьэну уи Тхьэр фӀыуэ лъагъу».


ЦӀыху гупышхуэхэм ар щызэхахым, Хьисэ яригъэщӀа Ӏуэхухэр ягъэщӀэгъуащ.


Ар щызэхихым, игъэщӀагъуэри, Хьисэ и ужь ит цӀыхухэм яжриӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, мыпхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ зы цӀыху закъуи Израил къэралым изгъуэтакъым сэ.


– Кесарырщ, – жаӀащ абыхэм. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ.


Динар къыхуахьащ абыхэм. – Хэт и сурэт мыбы тетыр, хэт и цӀэ мыбы тетхари? – щӀэупщӀащ Хьисэ. – Кесарырщ, – жаӀащ абыхэм.


– Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ