Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 11:32 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

32 – Хьэмэ «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жетӀэн? – Ахэр цӀыхухэм ящышынэрт; цӀыху псоми Иуан пэжу бегъымбару ялъытэрти.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 11:32
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Мы ущие хъыбарыр Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ езыхэм ятеухуауэ Хьисэ къызэрыжиӀар къагурыӀуати, Хьисэ яубыдыну хэтащ ахэр, ауэ цӀыхубэм ящышынэрти, абы и ужь икӀри ежьэжащ.


Хьисэ яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхубэм ящышынащ, абыхэм ар бегъымбару ялъытэрти.


Ирод Иуан иригъэукӀыну хуейт, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт, абыхэм Иуан бегъымбару ялъытэрти.


Ар щызэхахым, хъумакӀуэхэм я пашэр, цӀыхухъухэр и гъусэу, кӀуэри, апостолхэр залымыгъэ кӀэлъызэрамыхьэу къашащ, цӀыхухэр мывэкӀэ къеуэурэ яукӀынкӀэ шынэрти.


ЦӀыху куэд къэкӀуащ абы деж. – Иуан зы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщи къигъэлъэгъуакъым, ауэ мы лӀым теухуауэ жиӀа псори пэжщ, – жаӀащ абыхэм.


Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ, цӀыхухэм щабзыщӀурэ, Хьисэ зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысырт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр цӀыхухэм ящышынэрт.


Хьисэ мы ущие хъыбарыр езыхэм ятеухуауэ зэрыжиӀар торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ къагурыӀуати, ар занщӀэу яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху лъапӀэу зэрыщытыр Ирод ищӀэрти, абы щышынэрт икӀи хуэсакъырт. Иуан жиӀэхэм щедаӀуэкӀэ, хуабжьу гузавэрт, итӀани и гуапэу едаӀуэрт.


АтӀэ сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Бегъымбарырат? Пэжыр нывжызоӀэ, ар бегъымбар къудейкъым, ар бегъымбарым нэхърэ нэхъ лъапӀэщ.


– «Тхьэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, «НтӀэ, Иуан жиӀахэр сыт фи фӀэщ щӀэмыхъуар?» жиӀэнущ, – зэчэнджэщыжурэ, жаӀэрт абыхэм.


Арати: – ТщӀэркъым, – къыжраӀащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, сэри нывжесӀэнукъым мы Ӏуэхухэр злэжьыну хуитыныгъэ къыздисхар, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ