25 Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, фигу зыгуэрым ебгъамэ, хуэвгъэгъу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэ мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.
Зым зыр ирешыӀэ икӀи зым зым гукъанэ гуэр хуиӀэмэ, зэхуэвгъэгъу. Мэссихь къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу, фэри зэхуэвгъэгъу.
Зыр зым фӀыуэ хущрет, гущӀэгъу зэхуэфщӀ икӀи зым адрейм хуэвгъэгъу, Мэссихь и хьэтыркӀэ Тхьэм фэ къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу.
– Хьэкум зыми тевмыщӀыхьи, Тхьэми хьэкум фэ къыфтрищӀыхьынукъым. Зыри фымыгъэкъуанши, Тхьэми фигъэкъуэншэнукъым. ЦӀыхухэм яхуэвгъэгъу, Тхьэм фэри къыфхуигъэгъунущ.
Мыхъуну тщӀар къытхуэгъэгъу, мыхъун къыдэзыщӀахэм дэ зэрахуэдгъэгъум хуэдэу.
– Аращи, Тхьэм хуэпщӀ тыхьыр къурмэнщӀыпӀэм щыпхькӀэ, уи къуэшым гукъеуэ гуэр къыпхуиӀэу уи гум къэкӀыжмэ,
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гум гущӀэгъу имылъым Тхьэм гущӀэгъу къыхуимыщӀу хьэкум къытрищӀыхьынущ. Ауэ гущӀэгъур гъэкъуэншэным нэхърэ нэхъ лъэщщ.
– Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, бзитӀщхьитӀхэм зэращӀым хуэдэу фымыщӀ. ЦӀыхухэм зыкърагъэлъагъун щхьэкӀэ, Тхьэм елъэӀуурэ, синэгуэгухэми уэрамыщхьэхэми зыщаӀэжьэну яфӀэфӀщ абыхэм. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.
Фарисейр абдежым здэщытым, Тхьэм мыпхуэдэу елъэӀурт игукӀэ: «Адрей цӀыху хъунщӀакӀуэхэми, бзаджащӀэхэми, зинэ зыщӀэхэми, мобдеж щыт хьэкътын ахъшэр хэзыхми яхуэдэу сызэрыщымытым щхьэкӀэ, фӀыщӀэ пхузощӀ, си Тхьэ.
Мы щыхьэтитӀыр щӀылъэм и Зиусхьэным и пащхьэм ит зейтун жыгитӀымрэ уэздыгъэ тегъэувапӀитӀымрэщ.
– Ауэ хьэкътын ахъшэр хэзыхыр жыжьэу увауэ, и нэхэмкӀэ уафэм дэплъеин къудей темыгушхуэу, и бгъэгум еуэу, Тхьэм елъэӀурт: «Си Тхьэ, сэ, цӀыху гуэныхьыщӀэм, гущӀэгъу къысхуэщӀ».