Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 11:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 Пэжыр нывжызоӀэ, зыгуэрым и гум шэч къримыгъыхьэу, жиӀэр къэхъункӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэу, мы Ӏуащхьэм «ЗыкъэӀэти, хым зыхэдзэ!» жриӀэмэ, ар къехъулӀэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 11:23
11 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Фэ фи фӀэщхъуныгъэр мащӀэти, аращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Пэжыр нывжызоӀэ, хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэкӀ мыхъу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, мы Ӏуащхьэм «ӀукӀи, модэ кӀуэ!» жефӀэмэ, ӀукӀынурэ кӀуэнущ. ФхузэфӀэмыкӀыну зы Ӏуэхуи щыӀэнукъым итӀанэ.


Фэ фи псэм сыт щыгъуи сыщыщ хъууэ, си псалъэхэри сыт щыгъуи фи псэм щыщ хъумэ, си Адэм фызыхуеймкӀэ фелъэӀу, фызэрелъэӀури къыфхуищӀынущ.


– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – фи гум шэч къивмыгъэхьэу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, ахъуо жыгым есщӀам хуэдэ къудейкъым фщӀэн флъэкӀынур, мы Ӏуащхьэми «ЗыкъэӀэти, хым зыхэдзэ!» жефӀэмэ, зыхидзынущ.


Губжьу къысхууиӀэм си Ӏэпкълъэпкъым щӀыпӀэ псэу къыхинаӀакъым; гуэныхьу сиӀэхэм сагъэпсэуркъым узыншэу.


Адэ лъапӀэм си цӀэкӀэ сыткӀэ фелъэӀуми, ар сэ фхуэсщӀэнущ, Адэ лъапӀэм и щӀыхьышхуэр абы и Къуэм цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ.


– Хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, мы ахъуо жыгым «Зыкъыхэтхъыжи, хым зыщыхэсэж», жефӀэмэ, къывэдэӀуэнущ, – жиӀащ Зиусхьэным.


Тхьэм езым и псалъэхэр си гум кърилъхьэурэ, ахэр жысӀэну лъэкӀыныгъэ къызитауэ сиӀэми, щэху псори сщӀэми, щӀэныгъэ псори сиӀэми, бгыхэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэм згъэӀэпхъуэфыну фӀэщхъуныгъэ сиӀэми, фӀылъагъуныгъэ симыӀэмэ, сэ сызырикӀщ.


А хъыбарыр щызэхихым, цӀыхухэм яхэкӀри, щӀыпӀэ пхыдза гуэрымкӀэ и закъуэу кхъуафэжьейкӀэ иунэтӀащ Хьисэ. Ар щызэхахым, цӀыху гупышхуэ къалэхэм къыдэкӀри, Хьисэ лъэсу кӀэлъыкӀуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ