Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 11:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ жиӀар щызэхахым, ар зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысу щӀадзащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ яригъащӀэу щыта Ӏуэхухэр цӀыху куэдым яфӀэтелъыджэти, дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ щышынэрт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 11:18
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ а псалъэхэр жиӀа нэужь, цӀыху куэдым Ӏуэхухэр зэраригъащӀэу щыта щӀыкӀэр ягъэщӀэгъуащ,


Мы ущие хъыбарыр Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ езыхэм ятеухуауэ Хьисэ къызэрыжиӀар къагурыӀуати, Хьисэ яубыдыну хэтащ ахэр, ауэ цӀыхубэм ящышынэрти, абы и ужь икӀри ежьэжащ.


Щыпкъагъэм, зышыӀэныгъэм, къемэтмахуэм теухуауэ Паул псалъэу щыщӀидзэм, Феликс къащтэри, жиӀащ: – Иджы кӀуэж, пӀалъэр къэсмэ, укъезгъэшэнщ.


– А лӀыр къызэрыпсалъэм хуэдэу, зы цӀыхуи игъащӀэм псэлъакъым, – жаӀащ ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.


Хьисэ мы ущие хъыбарыр езыхэм ятеухуауэ зэрыжиӀар торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ къагурыӀуати, ар занщӀэу яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт.


Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, Тхьэм и псалъэхэр махуэ къэс яригъащӀэрт Хьисэ цӀыхухэм. Дин пашэшхуэхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, цӀыхухэм яӀэ адрей пашэхэми Хьисэ зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысу щӀадзащ,


ЦӀыхухэм хуабжьу ягу ирихьащ Хьисэ, абы и псалъэ дахэхэри ягъэщӀэгъуащ. – Исуф и къуэр аракъэ мыр? – жаӀащ.


– Хьэмэ «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жетӀэн? – Ахэр цӀыхухэм ящышынэрт; цӀыху псоми Иуан пэжу бегъымбару ялъытэрти.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху лъапӀэу зэрыщытыр Ирод ищӀэрти, абы щышынэрт икӀи хуэсакъырт. Иуан жиӀэхэм щедаӀуэкӀэ, хуабжьу гузавэрт, итӀани и гуапэу едаӀуэрт.


Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, абыхэмрэ пащтыхь Ирод и лъэужь ирикӀуэхэмрэ Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀри, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ асыхьэтым зэчэнджэщащ фарисейхэр абы щыгъуэм.


Хьисэ Ӏуэхугъуэхэр зэраригъащӀэу щыта щӀыкӀэр ягъэщӀэгъуащ цӀыхухэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм яхуэмыдэу, тепщэныгъэшхуэ иӀэу, цӀыхухэм Тхьэм и гъуэгур яригъащӀэрти.


Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ* Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэхэр щалъагъум, сабийхэр Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, «Хьусаннэ Даут и Къуэм деж!» жаӀэу къызэрыджар щызэхахым, ямыдэу


ЩӀалэм жиӀэм едаӀуэу щыс псоми абы и губзыгъагъэмрэ и жэуапхэмрэ ягъэщӀагъуэрт.


Хьисэ Галилей хэкур къызэхикӀухьащ абы и ужькӀэ. ЯукӀыну и ужь журтхэр къитти, Хьисэ Иудей хэкур къызэхикӀухьыну хуейтэкъым.


Мусэ бегъымбарым Торэт хабзэр къыфхуигъэнакъэ? Апхуэдэу щытми, Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэ цӀыху къыфхэткъым. СывукӀыну си ужь фыщӀитыр сыт?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ