Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 11:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жыгым жриӀащ: – Нобэ щыщӀэдзауэ уэ къыппыкӀауэ зыри зыми игъащӀэкӀэ иремышх. И гъуэгу ирикӀуэхэм ар зэхахащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 11:14
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Гъуэгубгъум зы ахъуо жыг щилъагъури, абы бгъэдыхьащ, ауэ тхьэмпэ фӀэкӀ зыри пигъуэтакъым; жыгым мыпхуэдэу жриӀащ: – ИгъащӀэкӀэ зыри уэ къыппымыкӀэжын ирехъу! Ар зэрыжиӀэу, ахъуо жыгыр гъуащ.


ЦӀыху гуэрым и псэм сыт щыгъуи сыщыщ мыхъумэ, къудамэм хуэдэу ар хыфӀадзэжынурэ, гъужынущ. Апхуэдэ къудамэхэр зэхуахьэсынурэ, мафӀэм пэрадзэнурэ ягъэсынущ.


ФӀы къызыпымыкӀэ дэтхэнэ зы жыгри ираупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.


Джыдэр жыг лъабжьэхэм трашэщӀакӀэщ. Аращи фӀыгъуэ къызыпымыкӀ дэтхэнэ жыгри къраупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.


Бзаджагъэ зылэжьыр бзаджагъэ илэжьыным хрет дяпэкӀи. ФӀеигъэм хэтри хрет иджыри. Щыпкъагъэр зылэжьыри щыпкъагъэр илэжьыным хрет. Зи гур къабзэ цӀыхум и гур къабзэ зэпыт ирехъу.


Мы мывэм къытехуэр зэпкъриудынущ, езыр зытехуэр ипӀытӀынущ.


А цӀыхухэм ди Зиусхьэну икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь зэрацӀыхуамкӀэ дунейм и бзаджагъэ фӀейм пэӀэщэ защӀауэ, ауэ итӀанэ бзаджагъэм зрагъэубыдыжмэ, ар зытрагъэкӀуэжурэ, икӀэм-икӀэжым абыхэм я Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу.


– НэгъуэщӀ ущие хъыбари фыкъедаӀуэ. Унэр зей гуэрым жызум хадэ игъэтӀысащ. Хадэр мывэ сэрейкӀэ къищӀыхьщ, жызум пӀытӀалъэри ищӀри, бэтэгъей игъэуващ. ЖызумгъэкӀ гуэрхэм хадэр яӀэщӀилъхьэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ езыр.


ПщӀащэ зыпыт зы ахъуо жыг жыжьэу щилъагъум, пшхы хъун къыпыкӀамэ еплъыну кӀуащ. Жыгым щынэсым, тхьэмпэ фӀэкӀ зыри пигъуэтакъым, ахъуом и хъугъуэтэкъыми.


Ерусалим нэсащ. Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, сатуущӀэхэри щэхуакӀуэхэри къыщӀихуу щӀидзащ. Ахъшэ зыхъуэжхэм я Ӏэнэхэмрэ тхьэрыкъуэ зыщэхэм я шэнтхэмрэ щхьэпридзащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ