39 – ТлъэкӀынщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэри фефэнущ, – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхухэм сэ гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэри фаумэхъынущ.
Сэ, Иуану фи къуэшыр, Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ гузэвэгъуэу фызыхэтым сыщывигъусэщ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм сывигъусэуи сыщӀэтщ, сывигъусэуи теубыдагъэ сиӀэу сопсэу. Тхьэм и псалъэхэмрэ Хьисэ Мэссихь и щыхьэтыгъэмрэ цӀыхухэр зэрезгъэдаӀуэм щхьэкӀэ, Патмос хытӀыгум сагъэкӀуауэ сыщыӀащ.
Иуан и къуэш Екъубыр джатэкӀэ иригъэукӀащ.
Иджы, сэ си фӀагъ фэ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, гугъуехь сыхэтми, согуфӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь и пкъ, члисэ зэхуэсым, си фӀагъ езгъэкӀын папщӀэ, сэ сшэчын хуейуэ Мэссихь схухиха гузэвэгъуэхэр иджы сипкъкӀэ сшэчурэ и кӀэм нызогъэс.
Уэ уи псалъэхэр абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьащ. Сэ мы дунейм сызэрыщымыщым хуэдэу, ахэри мы дунейм зэрыщымыщым щхьэкӀэ мы дунейм и цӀыхухэм ахэр ялъагъу мыхъу хъуащ.
Сэ вжесӀа псалъэхэр фигу къэвгъэкӀыж: ӀуэхутхьэбзащӀэр и тепщэм нэхърэ нэхъыщхьэкъым. Сэ гугъуехь сагъэшэчащ, фэри гугъуехь фагъэшэчынущ. Сэ си псалъэхэм едэӀуау щытамэ, фэ фи псалъэхэми едэӀуэнущ.
– Зиусхьэн, иджы сыкъыпкӀэлъыкӀуэн сыт щӀыслъэмыкӀынур? Сэ си псэр уэр щхьэкӀэ стынущ, – жиӀащ Петр.
– Аббэ, си Адэ. Уэ пхузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым, – жиӀащ Хьисэ. – Мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. ИтӀани сэ сызыхуейр мыхъуу, уэ узыхуейр ирехъу.
– Уэ сыуигъусэу сылӀэн хуей хъуми, узмыцӀыхуу жысӀэнукъым, – нэхъ трикъузэу жиӀащ Петр. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀы псоми жаӀащ ар дыдэр.
ЕджакӀуэр езыгъаджэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ, унэӀутри и тепщэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ. Унэр зейм ВелзевулкӀэ щеджэкӀэ, унагъуэм исхэми абы нэхъри нэхъ Ӏеиж хужаӀэнкъэ?
Гуэныхьу ялэжьамкӀэ заумысыжри, Иордан псым Иуан зыщрагъэумэхъащ абыхэм.