Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 10:38 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

38 – Фэ фызыщӀэлъэӀур фщӀэркъым, – яжриӀащ Хьисэ. – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэ фефэн флъэкӀыну, хьэмэ цӀыхухэм гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэ абыхэм зевгъэумэхъын флъэкӀыну?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 10:38
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЦӀыхухэм гугъуехькӀэ саумэхъын хуейщ, ар къысэхъулӀэху Ӏейуэ согузавэ.


– Уэ уи джатэр дохъутейм илъхьэж, – жриӀащ Хьисэ Петр. – Адэ лъапӀэм къызита гугъуехьым и фалъэм итым сефэн хуейкъэ?


Ущынагъуэщ Уэ; Уи губжьыгъуэм уи пащхьэ итын хэт лъэкӀын?


Тхьэм фелъэӀуми, зыри къывитыркъым, Ӏеягъ фигу илъу, фи гур зыщӀэхъуэпс Ӏуэхугъуэхэм ятевгъэкӀуэдэныр арщ Тхьэм фыщӀелъэӀури.


Апхуэдэу дэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэхэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыддоӀэпыкъу; Тхьэм дызэрелъэӀун хуей щӀыкӀэр тщӀэркъыми. Ауэ псалъэхэм къамыубыд щэӀумкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм тхуолъэӀу.


– Си Адэ, ухуейуэ щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызыхуейр мыхъуу, уэ узыхуейр ирехъу.


– Аббэ, си Адэ. Уэ пхузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым, – жиӀащ Хьисэ. – Мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. ИтӀани сэ сызыхуейр мыхъуу, уэ узыхуейр ирехъу.


Хьисэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, Тхьэм елъэӀуу жиӀащ: – Си Адэ, хъуну щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызэрыхуейр мыхъуу, уэ узэрыхуейр ирехъу.


Гуэныхьу ялэжьамкӀэ заумысыжри, Иордан псым Иуан зыщрагъэумэхъащ абыхэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ