34 Ахэр абы къыщыдыхьэшхынущ, къеубжьытхынущ, щӀопщкӀэ къеуэнущ икӀи яукӀынущ. ЯукӀа нэужь, махуищ дэкӀауэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.
Языныкъуэхэм Хьисэ еубжьытхыу щӀадзащ. И нэр щапхэри, ӀэштӀымкӀэ еуащ. – Убегъымбармэ, къоуар хэтми къыджеӀэт! – жраӀащ. ХъумакӀуэхэри Хьисэ енэпэфауэрт.
Хьисэ и напэм щӀэубжьытхэри, ӀэштӀымкӀэ еуащ ахэр. НэгъуэщӀхэри енэпэфауэурэ, мыпхуэдэу жаӀащ:
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягуригъаӀуэу хуежьащ а зэманым къыщыщӀэдзауэ: – Сэ Ерусалим сыкӀуэн хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми гугъуехь куэд сагъэшэчын икӀи саукӀын хуейщ, ауэ лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжын хуейщ ещанэ махуэм.
Кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ, ауэ ещанэ махуэм ар Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм тету.
жриӀащ: – СанэфӀыр Ӏэнэм япэ къытрагъэувэ. ХьэщӀэхэр куэд ефа нэужь, санэ нэхъ пудыр Ӏэнэм къытрагъэувэ, ауэ уэ фадэфӀыр иджыри къэс щыбгъэтащ.
Торэт хабзэр Тхьэм и унафэкӀэ къытхуэзыгъэнар Мусэ бегъымбарыр арщ, ауэ нэфӀ щыхуэныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ къызыбгъэдэкӀар Хьисэ Мэссихьыр арщ.
Иродрэ и зауэлӀхэмрэ Хьисэ ягъэпудырт икӀи къыщыдыхьэшхырт. ИтӀанэ Ирод и зауэлӀхэм Хьисэ пащтыхьым хуэдэу щыгъын хужькӀэ иригъэхуапэри, Пилат деж иригъэшэжащ.
Дин пашэшхуэм и щыгъынхэр зэфӀитхъащ абдежым. – Сыт нэгъуэщӀ щыхьэт дыщӀыхуеижыр? – жиӀащ абы.
Абыхэм ягухэр гущӀэгъу щӀыным хузэхуэщӀащ, жьэхъуу мэпсалъэ ахэр.
– Зиусхьэн, а пцӀыупсыр щыпсэум щыгъуэ, «Махуищ нэужьым лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжынущ» зэрыжиӀэгъар дигу къэкӀыжащ, – жаӀащ абыхэм.
и гъуэгу ирикӀуэхэм Ӏуэхугъуэхэр яригъащӀэрти. Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ, абыхэм ар яукӀынущ, ауэ яукӀа нэужь, махуищ дэкӀауэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.