Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 10:24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

24 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр щызэхахым, хуабжьу ягъэщӀэгъуащ. Ауэ Хьисэ аргуэру яжриӀащ: – Си ныбжьэгъухэ, мылъкум щыгугъхэм я дежкӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр куэду гугъущ!

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 10:24
28 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фэ мыпхуэдэу жывоӀэ: «Дыбейщ, куэд диӀэ хъуащ, щыщӀагъэ зыри диӀэкъым». Гъуэгу мыгъуэ фытеувауэ, фытхьэмыщкӀэу, гущӀэгъу фхуэфащэу, фынэфу икӀи фыпцӀанэу фызэрыщытыр фщӀэркъым.


Мы дунейм бей щыхъуахэм закъыфӀэмыщӀыжыну, мылъку нэпцӀым щымыгугъыну, атӀэ Тхьэм нэхъ щыгугъыну унафэ яхуэщӀ. Дызыгъэтхъэжыну псори куэду къыдэзытыр Тхьэращ.


Цион ӀуащхьэкӀэ къикӀыу Израил лъэпкъым къыхуэкӀуэнур хэт, бийхэм къаӀэщӀихыжыну? Зиусхьэным и лъэпкъыр гъэрыпӀэм къыщришыжкӀэ, Екъуб къытепщӀыкӀахэр гуфӀэгъуэшхуэм зэщӀищтэнщ Израилым и цӀыхухэм ягъуэтынщ дэрэжэгъуэшхуэ.


Ахъшэр фӀы дыдэу зылъагъу фарисейхэм а псор щызэхахым, Хьисэ щыдыхьэшхащ.


Сэ си псэм къещэхэр ирекӀуэ хьэдрыхэ.


Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, гуэныхь фымыщӀэн щхьэкӀэ, мыр ныфхузотх. Зыгуэрым гуэныхь ищӀэмэ, Адэ лъапӀэм дэ тхуелъэӀуну зыгуэр щыӀэщ – ар щыпкъагъэ зигу илъ Хьисэ Мэссихьщ.


– Си бынхэ, куэдрэ сывигъусэжынукъым. Фэ фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ «СыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым» жысӀэу журтхэм зэражесӀам хуэдэу, фэри вжызоӀэ иджы.


Къыщыгъуэгъуащ Зиусхьэныр уафэгум, Псоми я нэхъ Лъагэм и макъ къигъэӀуащ.


Фэ, си бын хуэдэхэ, тхьэ нэпцӀхэм защыфхъумэ. Ӏэмин.


Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Тхьэм фрибынщ, бегъымбар нэпцӀхэми фатекӀуащ, фи гум илъ псэр мы дунейм и цӀыхухэм я гум илъ псэм нэхърэ нэхъ инщи.


Си бынхэ, лъхугъэм гугъу иригъэхь цӀыхубз сыхуэдэщ фэр щхьэкӀэ, Мэссихь фи псэм щыщ хъуху.


– Ныбжьэгъухэ, бдзэжьей къэвубыда? – къеупщӀащ Хьисэ. – Хьэуэ, зыри къэдубыдакъым, – къыжраӀащ абыхэм.


Хьисэ и псалъэр щызэхахым, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ куэдым жаӀащ: – Мыбы жиӀэр сыту псалъэ гугъу! Хэт абы едэӀуэфынур?


Хьисэ жиӀар и гъуэгу ирикӀуэхэм щызэхахым, ар икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, къеупщӀащ: – Апхуэдэу щыщыткӀэ, мыкӀуэду зыкъригъэлын зыхузэфӀэкӀынур хэт?


ЦӀыхухэм ар щалъагъум, псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, зэжраӀэжащ: – Мыр сыт? ЦӀыхухэм ӀуэхущӀэхэр ярегъащӀэ. Тепщэныгъэшхуэ иӀэу, жин бзаджэхэми унафэ яхуещӀри, зрегъэдаӀуэ.


Хьисэ зиплъыхьри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: – Мылъкушхуэ зиӀэхэм я дежкӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр икъукӀэ гугъущ!


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ