Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 10:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 Тхьэм и унафэхэр уощӀэ: «ЦӀыху умыукӀ, зинэ умыщӀэ, умыдыгъуэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэм пцӀы ятумылъхьэ, цӀыхухэм яӀэр гъэпцӀагъэкӀэ къатумых, уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 10:19
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

«Зинэ умыщӀэ», «ЦӀыху умыукӀ», «Умыдыгъуэ», «НэгъуэщӀ цӀыхухэм пцӀы тумылъхьэ», «Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ уи гум йомыгъэлъ» унафэхэмрэ адрей унафэ псомрэ къызэщӀэзубыдэр мыращ: «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу».


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Зинэ умыщӀэ» жызыӀам «ЦӀыху умыукӀ», жиӀащ. Аращи, зинэ умыщӀами, цӀыху гуэр букӀмэ, Тхьэм и унафэм утекӀауэ къокӀ.


Тхьэм и унафэхэр уощӀэ: «Зинэ умыщӀэ, цӀыху умыукӀ, умыдыгъуэ, цӀыхухэм пцӀы ятумылъхьэ, уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ».


Мы ӀуэхумкӀэ зыми и къуэшым мыхъумыщӀэ иримыщӀэну е къимыгъэпцӀэну хуейщ Тхьэр. ЗэрывжетӀам икӀи зэрывгурыдгъэӀуам тету, апхуэдэ бзаджагъэ зыщӀэ цӀыху псоми яхуэфащэр Зиусхьэным яригъэпшыныжынущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм ит псори мы зы унафэ закъуэм къеубыд: «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу».


КъызжефӀэ, фэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтыну хуейхэм, Торэт хабзэм итхэр зэхэфщӀыкӀыркъэ?


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм папщӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ иӀэ хъунукъым цӀыхум. Торэт хабзэращ гуэныхь зэрыдлэжьар къыдэзыгъэщӀэжыр.


– ФӀыкӀэ сыт укъыщӀызэджэр? – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – Тхьэм фӀэкӀа, зыри фӀы щыӀэкъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ