Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 1:45 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

45 Ауэ а лӀыр ежьэри, къэхъуа псори жиӀэжурэ, зэрыхъужа щӀыкӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ. Абы къыхэкӀкӀэ, цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ къалэ гуэри дыхьэ хъунутэкъым, щӀыпӀэ пхыдзахэм щыӀэт. Ауэ дэни къикӀыурэ, цӀыхухэр абы деж къакӀуэрт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 1:45
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏухьэжащ аргуэру. ЦӀыху гупышхуэ къэкӀуащ, Тхьэм и псалъэхэр абыхэм яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ.


АрщхьэкӀэ, унэм къызэрыщӀэкӀыжу, хъыбарыр яӀуэтэжу щӀадзэри, хэку псом хагъэӀуащ.


Сымаджэхэр игъэхъужурэ, Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр зэралъэгъуам щхьэкӀэ цӀыху гупышхуэ абы и ужь иту кӀуэрт.


Ящыгъупщащ и Ӏуэхухэри, телъыджэу къаригъэлъэгъуахэри.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр щӀыгъуу а щӀыпӀэм икӀыжри, Галилей гуэлым кӀуащ. Галилей хэкум щыщ цӀыху куэд Хьисэ и ужь иуващ.


ХъумакӀуэхэм ахъшэр ящтэри, къызэрыжраӀам хуэдэу ящӀащ. А хъыбарыр журтхэм иджыри къэс яхэлъщ.


ЦӀыху мыдаӀуэ куэд щыӀэщ, псом хуэмыдэу сунэт ящӀахэм ящыщу. Псалъэ пщӀэншэхэр зэпымыууэ къыжаӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэри дахьэх.


А телъыджэм и хъыбар хэку псом щызэлъащӀысащ.


Хьисэ унэм кӀуэжащ итӀанэ. Езымрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ шхэгъуэ имыхуэурэ, цӀыху гупышхуэ къызэхуэсащ аргуэру.


Хьисэ цӀыхухэм унафэ яхуищӀащ ар зыми хуамыӀуэтэжыну. Унафэ яхуищӀа пэтми, нэхъри нэхъыбэжу а хъыбарыр цӀыхухэм яхэз хъуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ