35 Пщэдджыжьым жьыуэ къэтэджщ, къалэм дэкӀщ, щӀыпӀэ пхыдза гуэрым кӀуэри, Хьисэ Тхьэм елъэӀуащ.
Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ Ӏуащхьэм дэкӀуеящ а махуэхэм. Тхьэм елъэӀуурэ, жэщ псор абы щигъэкӀуащ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.
Ауэ цӀыхухэм яхэкӀыурэ, Тхьэм щелъэӀуну щӀыпӀэ пхыдзахэм кӀуэныр и хабзэу щытащ Хьисэ.
КъыщӀэдэӀу си гуо макъым, си Пащтыхь, си Тхьэ, Уэращ сызэлъэӀур.
Хьисэ дунейм щытета махуэхэм макъ хэӀэтыкӀакӀэ джэурэ, и нэпсыр къежэхыурэ, лӀэныгъэм къыӀэщӀэзыхыфыну Тхьэм и фӀэщу елъэӀуащ. ЗэредаӀуэм щхьэкӀэ абы и макъыр Тхьэм зэхихащ.
Ауэ цӀыхухэр къакӀуэу, езыр яубыду, лӀыгъэкӀэ пащтыхь ящӀыну ягу зэрилъыр ищӀэрти, ӀукӀыжри, Ӏуащхьэм и закъуэу дэкӀуеижащ Хьисэ.
ЦӀыхухэр иутӀыпщыжа нэужь, Тхьэм елъэӀуну Ӏуащхьэм и закъуэ дэкӀуеящ. Пщыхьэщхьэр щыхъуам, ар и закъуэу абдеж къытенащ.
Фи гупсысэкӀэр Мэссихь Хьисэ и гупсысэкӀэм хуэдэ ирехъу:
– Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Тхьэуэ Зиусхьэным псалъэ быдэ итащи, щӀегъуэжынкъым: «Мелхиседек хуэдэу, уэри удин пашэнщ игъащӀэкӀэ».
А хъыбарыр щызэхихым, цӀыхухэм яхэкӀри, щӀыпӀэ пхыдза гуэрымкӀэ и закъуэу кхъуафэжьейкӀэ иунэтӀащ Хьисэ. Ар щызэхахым, цӀыху гупышхуэ къалэхэм къыдэкӀри, Хьисэ лъэсу кӀэлъыкӀуащ.
Симонрэ абы и гъусэхэмрэ Хьисэ лъыхъуэну дэкӀащ.