Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 1:20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

20 Хьисэ ахэри къриджащ асыхьэтым. Я адэ Зеведеймрэ абы и лэжьакӀуэхэмрэ кхъуафэжьейм къранэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 1:20
11 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Ар хэтуи щрет, гъусэ зыкъысхуэзыщӀауэ, и анэр, и фызыр, и бынхэр, и къуэшхэр, и шыпхъухэр фӀыуэ зэрилъагъум, и псэри фӀыуэ зэрилъагъум нэхърэ сэ нэхъыфӀу сызымылъагъур си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъуфынукъым.


– Пэжыр нывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – сэр щхьэкӀи хъыбырыфӀым щхьэкӀи е и унэр, е и къуэшхэр, е и шыпхъухэр, е и адэр, е и анэр, е и фызыр, е и бынхэр, е и щӀапӀэри къэзыбгына дэтхэнэми иджы мы дунейм унэхэри, къуэшхэри, шыпхъухэри, анэхэри, бынхэри, щӀыгухэри хуэдищэу щигъуэтыжынущ икӀи а цӀыхум гугъуехь куэд ирагъэшэчынущ. Ахърэтми мыкӀуэдыжын гъащӀэ щиӀэ хъунущ.


– Ар хэтуи щрет, сэ фӀыуэ сызэрилъагъум нэхърэ и адэр е и анэр нэхъыфӀу зылъагъур сэ къысхуэфащэкъым. Сэ сыкъы-зэрилъагъум нэхърэ и къуэр е и пхъур нэхъыфӀу зылъагъур, ар хэт щыщми, сэ къысхуэфащэкъым.


Аращи, иджы къыщыщӀэдзауэ мы дунейм и цӀыхухэр адрей цӀыхухэм зэреплъым хуэдэу, дэ зыми деплъыжыркъым. Апхуэдэу зэгуэрым Мэссихь деплъу щытами, иджы деплъыжыркъым.


Хьисэ адэкӀэ кӀуэурэ, Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ, кхъуафэжьейм ису, яхъхэр ягъэхьэзыру ирихьэлӀащ.


Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ итӀанэ. Щэбэт махуэр къыщысым, синэгуэгум щӀыхьэри, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ.


Я кхъуафэжьейхэр псы уфэм къралъэфэлӀэжа нэужь, псори къагъанэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ